Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 7:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 Ауэ гуэныхьым Ӏэмал игъуэтри, а унафэмкӀэ сыт хуэдэ хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэри си гум кърилъхьащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэр щымыӀэмэ, гуэныхьри лӀам хуэдэщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 7:8
12 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм и унафэкӀэ гуэныхьым Ӏэмал игъуэтри, сыкъигъэпцӀащ, а унафэ дыдэмкӀи сигъэлӀащ.


ЛӀэныгъэм и шэрэзыр гуэныхьыращ. УнафэкӀи гуэныхьым тепщэныгъэ къытхуиӀэщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм Тхьэм и губжьыр къехь, ауэ хабзэ унафэ здэщымыӀэм хабзэм текӀынри щыӀэкъым.


Абы щыгъуэ ӀуэхуфӀ гуэрым сигъэлӀауэ ара? Хьэуэ, ар апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Ауэ гуэныхьыр зыхуэдэр нахуэ хъун щхьэкӀэ, Торэтым и хабзэфӀымкӀэ гуэныхьым сигъэлӀащ. Апхуэдэу унафэм гуэныхьыр зэрыӀей дыдэр наӀуэ ещӀ.


Торэт хабзэр къыщыкӀуэм, гуэныхьхэр нэхъ куэд хъуащ. Гуэныхьхэр нэхъ куэд щыхъум, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэри нэхъ ин хъуащ.


Сэ сыкъакӀуэу, си псалъэхэр яжезмыӀауэ щытатэмэ, гуэныхь яӀэнутэкъым, ауэ иджы гуэныхьу ящӀахэм щхьэкӀэ щхьэусыгъуэ зыри яӀэкъым.


НэгъуэщӀ зыми имылэжьа Ӏуэхушхуэхэр абыхэм я пащхьэм сэ щызмылэжьатэмэ, абыхэм гуэныхь яӀэнутэкъым. Ауэ а злэжьа Ӏуэхушхуэхэр ялъэгъуа пэтми, сэри си Адэри дыкъалъагъу мыхъу хъуащ.


нэпсеягъэр, бзаджагъэр, гъэпцӀагъэр, мыхъумыщӀэ псэукӀэр, фыгъуэныр, цӀыхухэм яхуэпсэлъэныр, пагагъэр, делагъэр.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм папщӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ иӀэ хъунукъым цӀыхум. Торэт хабзэращ гуэныхь зэрыдлэжьар къыдэзыгъэщӀэжыр.


Зэгуэрым Торэт хабзэр сымыщӀэу сыпсэуащ. Ауэ Тхьэм и унафэр къыщыкӀуэм, гуэныхьым къару иӀэ хъури,


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ