Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 7:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Сыт-тӀэ жытӀэнур? Торэт хабзэм гуэныхь хэлъ? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Торэт хабзэм и унафэхэр щымыӀэгъатэмэ, гуэныхьыр зыхуэдэр сщӀэнутэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт унафэм «Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэ уи гум йомыгъэлъ», къыжимыӀэгъатэмэ, хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэр зыхуэдэр сщӀэнутэкъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 7:7
30 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм папщӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ иӀэ хъунукъым цӀыхум. Торэт хабзэращ гуэныхь зэрыдлэжьар къыдэзыгъэщӀэжыр.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм Тхьэм и губжьыр къехь, ауэ хабзэ унафэ здэщымыӀэм хабзэм текӀынри щыӀэкъым.


ЛӀэныгъэм и шэрэзыр гуэныхьыращ. УнафэкӀи гуэныхьым тепщэныгъэ къытхуиӀэщ.


«Зинэ умыщӀэ», «ЦӀыху умыукӀ», «Умыдыгъуэ», «НэгъуэщӀ цӀыхухэм пцӀы тумылъхьэ», «Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэ уи гум йомыгъэлъ» унафэхэмрэ адрей унафэ псомрэ къызэщӀэзубыдэр мыращ: «Уэ уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу».


Ауэ гуэныхьым Ӏэмал игъуэтри, а унафэмкӀэ сыт хуэдэ хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэри си гум кърилъхьащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэр щымыӀэмэ, гуэныхьри лӀам хуэдэщ.


Ди бзаджагъэм Тхьэр зэрыщыпкъэр нэхъ къигъэнахуэмэ, сыт жытӀэнур? И губжьыр къыщытлъыскӀэ, Тхьэр мызахуэу жытӀэну? Ахэр цӀыхубзэкӀэ къыжызоӀэ.


Аращи, фи щэныжь бзаджэм и Ӏуэхухэр вгъэкӀуэд: Зинэ щӀэнри, гуфӀеягъи, хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, хъуэпсэныгъэ Ӏейхэри, нэпсеягъэри – нэпсеягъэр тхьэ нэпцӀыр бгъэлъэпӀэным хуэдэщ.


Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм зэрахуэфащэращи, зинэ щӀэным, сыт хуэдэ гуфӀеягъэми е нэпсеягъэми я гугъу фи зэхуакум щыфщӀ хъунукъым.


Абы щыгъуэ ӀуэхуфӀ гуэрым сигъэлӀауэ ара? Хьэуэ, ар апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Ауэ гуэныхьыр зыхуэдэр нахуэ хъун щхьэкӀэ, Торэтым и хабзэфӀымкӀэ гуэныхьым сигъэлӀащ. Апхуэдэу унафэм гуэныхьыр зэрыӀей дыдэр наӀуэ ещӀ.


Тхьэм и унафэкӀэ гуэныхьым Ӏэмал игъуэтри, сыкъигъэпцӀащ, а унафэ дыдэмкӀи сигъэлӀащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ ди гуэныхьышӀэ щэныжьым и гъуэгу дрикӀуэу щыщытам, Торэт хабзэм зэщӀигъэплъа гуэныхьыщӀэ хъуэпсэныгъэхэр ди пкъым щыщ пкъыгъуэхэм хэлът, ажалыр абыхэм къытхухэкӀыу.


Сыт-тӀэ? Хабзэм и унафэхэм я тепщэныгъэм дыщӀэмыту, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм и тепщэныгъэм дызэрыщӀэтым щхьэкӀэ гуэныхь тщӀэну дыхуит? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым.


Ди адэшхуэ Ибрэхьим теухуауэ сыт жытӀэнур? Езыр-езыру сыт илэжьар?


Зы цӀыхум и дыжьыни, и дыщи, и щыгъыни сенэцӀакъым сэ.


ИтӀанэ цӀыхухэм яжриӀащ: – Фысакъ! Фымынэпсей, цӀыхум сыт хуэдиз мылъку иӀэми, абы и гъащӀэм къыпищэркъыми.


Ауэ сэ нывжызоӀэ, цӀыхубз гуэрым хъуэпсэнэгуу еплъ дэтхэнэми игукӀэ зинэ ищӀакӀэщ.


Илъэгъуащ цӀыхубзым жыг пхъэщхьэмыщхьэр шхыныгъуэкӀэ зэрыфӀыр, ар нэхэм зэрафӀэдахэр икӀи зэрыхъуэпсэгъуэр, щӀэныгъэ къызэрыуитым къыхэкӀкӀэ; къыпичщ абы и пхъэщхьэмыщхьэхэри, ишхащ, илӀми иритри, абыи ишхащ.


– Ар къэкӀуэнущ, а жызумгъэкӀхэр игъэкӀуэдынурэ, хадэр нэгъуэщӀхэм яӀэщӀилъхьэнущ. – Ар къэхъуну Тхьэм жимыӀэкӀэ, – жаӀащ цӀыхухэм ар щызэхахым.


Торэт хабзэр къыщыкӀуэм, гуэныхьхэр нэхъ куэд хъуащ. Гуэныхьхэр нэхъ куэд щыхъум, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэри нэхъ ин хъуащ.


Торэт хабзэм Ӏуэху гуэри нэса игъэхъун лъэкӀакъым. Тхьэм иджы дызыщигъэгугъ Ӏуэхур нэхъыфӀщ, а Ӏуэхум Тхьэм нэхъ пэгъунэгъу дыхуэхъун тлъегъэкӀ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ