Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 7:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Ауэ иджы Торэт хабзэу дызыӀыгъам и Ӏуэху къытхэмылъыжу, а хабзэм дежкӀэ цӀыху лӀахэм яхуэдэ дыхъущ, Тхьэм Торэт хабзэм и тепщэныгъэм дыкъыщӀихыжри, щхьэхуит дищӀыжащ. Аращи, Тхьэм дызэрыхуэлажьэ щӀыкӀэр нэхъапэм ятха хабзэм тетукъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и хабзэщӀэм тетущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 7:6
24 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Абы зэгурыӀуэныгъэщӀэм дыхуэлэжьэну лъэкӀыныгъэ къыдитащ. А зэгурыӀуэныгъэр псалъэ тхахэм ятеухуа зэгурыӀуэныгъэкъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ зэгурыӀуэныгъэщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ псалъэ тхам цӀыхур егъалӀэ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къегъэпсэуж ар.


Апхуэдэу, си къуэшхэ, Мэссихь и пкъыр зэрылӀам къыхэкӀкӀэ, Торэт хабзэм и Ӏуэху къыфхэмылъыжу, а хабзэм дежкӀэ фэри цӀыху лӀахэм фахуэдэщ. Мэссихьу Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжам ей иджы фыхъуащи, Тхьэм фӀыгъуэ хуэдлэжьыпхъэщ.


Дыщаумэхъым, Мэссихь дригъусэу дылӀэри, езым дригъусэу дыщӀалъхьэжащ. Апхуэдэу щӀэхъуар дэри гъащӀэщӀэ диӀэу дыпсэун щхьэкӀэщ, Адэ лъапӀэм и лъэкӀыныгъэу щӀыхьышхуэ зиӀэмкӀэ Мэссихь лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам хуэдэу.


Ди къуаншагъэм хуэфащэ гугъуехьыр езым зэрызытрилъхьамкӀэ, Торэт хабзэм дызэригъэкъуэнша Ӏуэхур дэ тщхьэщихыжри, ди щхьэхэр къищэхужащ Мэссихь, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Пкъом кӀэралӀыхь дэтхэнэми Тхьэм и ней къыщохуэ».


щэныщӀэфӀыр фащэ хуэдэу зэфшэкӀащ. Тхьэуэ а щэныщӀэфӀыр къэзыгъэхъуам, езым и щэн хуэдэу хъуурэ, а щэныфӀыр зэпымыууэ егъэщӀэращӀэ, езыр зыхуэдэр пэжу зэвгъэщӀэн щхьэкӀэ.


Сунэт дащӀауэ щытми щымытми, аракъым Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур зытетыр щӀэрыщӀэу къалъхужауэ дыхъуныр арщ.


Мы лъэхъэнэм ихабзэхэм Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу. Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкӀ, хьэл-щэныфӀ фхэлъ хъун щхьэкӀэ. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэр зыхуейр къывгурыӀуэнущ – фӀыгъуэр зыхуэдэри, Тхьэм и гум ирихьри, фӀыгъуэ нэгъэсар зыхуэдэри къывгурыӀуэнущ.


Ауэ иджы Тхьэм гуэныхь щӀэным фыкъыӀэщӀихыжри, щхьэхуит фищӀыжащ, Тхьэм и пщылӀи фыхъуащ. Абы фӀыуэ къыхэкӀыр гукъабзагъэм и гъуэгум фызэрырикӀуэр арщ, къыфлъысыну ӀыхьэфӀри мыкӀуэдыжын гъащӀэр арщ.


Аращи, Мэссихь цӀыху гуэрым и псэм щыщ хъумэ, а цӀыхур Тхьэм щӀэрыщӀэу къигъэхъужащ. А цӀыхум и дуней тетыкӀэу щытар блэкӀащ, дуней тетыкӀэщӀэм щӀидзащ.


Си къуэшхэ, хабзэм иритхахэр зыщӀэ цӀыхуу фыслъытэу сынывопсалъэ: ЦӀыхур псэуху, хабзэм тепщэныгъэ зэрыхуиӀэр фщӀэркъэ?


Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Гуэныхь щӀэным и Ӏуэху къытхэмылъыжу, гуэныхь щӀэным дежкӀэ цӀыху лӀахэм дахуэдэщ. Абы щыгъуэ гуэныхь тщӀэ зэпыту дыпсэуфыну?


Фэ фи зэхэщӀыкӀыр зэрыримыкъуам щхьэкӀэ, нэхъ гурыӀуэгъуафӀэ хъун папщӀэ цӀыхур зэрыпсалъэ бзэкӀэ мыр нывжызоӀэ. Фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм бзаджагъэ евгъэщӀэн щхьэкӀэ фӀеймрэ бзаджагъэмрэ я ӀэмыщӀэ пщылӀу зифлъхьэу зэрыщытам хуэдэу, иджы гукъабзагъэм и гъуэгу фрикӀуэн щхьэкӀэ фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм щыпкъагъэм пщылӀ хуэхъуну хуэвунэтӀ.


Мэссихь Хьисэу ди Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, фэри гуэныхь щӀэным и Ӏуэху къыфхэмылъыжу, гуэныхь щӀэным дежкӀэ фылӀауэ икӀи Тхьэм фыхуэпсэууэ зыфлъытэж.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Къуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуатэурэ, си гур етауэ сызыхуэлажьэр си щыхьэтщ. Абы селъэӀу щыхъукӀэ, фи гугъу зэпымыууэ зэрысщӀымкӀэ ар си щыхьэтщ.


Сунэт ипэжыпӀэкӀэ ящӀар дэращ, – дэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм хуэлажьэу, Мэссихь Хьисэ ирипагэу, пкъым епха Ӏуэхухэм ящымыгугъхэр.


Псалъэм щхьэкӀэ, фызым и лӀыр псэуху, хабзэмкӀэ а фызыр и лӀым епхауэ щытщ. Ауэ и лӀыр лӀэмэ, хабзэм фызыр щхьэхуит ещӀ.


Щыпкъагъэрэ гукъабзагъэрэ тэмэму фиӀэнуи, езым фыхуэдэнуи, Тхьэм фыкъигъэхъужауэ, щэныщӀэфӀыр фащэу зэфшэкӀын зэрыхуейри фагъэщӀащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ