Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 7:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ ди гуэныхьышӀэ щэныжьым и гъуэгу дрикӀуэу щыщытам, Торэт хабзэм зэщӀигъэплъа гуэныхьыщӀэ хъуэпсэныгъэхэр ди пкъым щыщ пкъыгъуэхэм хэлът, ажалыр абыхэм къытхухэкӀыу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 7:5
28 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Дэ псори а цӀыхухэм дахэту, ди гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпсу щыта Ӏуэху мыхъумыщӀэхэм тету дыпсэуащ. Ди гуэныхьыщӀэ щэныжьымрэ ди гупсысэхэмрэ зыщӀэхъуэпсу щытар дгъэзащӀэу щытащ. Ди щэныжьым уеплъмэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэми хуэдэу, дэри Тхьэм и губжьым и тепщэныгъэм дыщӀэтащ.


Мэссихь зи псэм щыщ цӀыхухэм я гуэныхьыщӀэ щэныжьри, фӀыуэ ялъэгъуа бзаджагъэхэри, я хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, зыщӀэхъуэпса Ӏейхэри жорым ираӀулӀащ.


Торэт хабзэм итхэр ягъэзащӀэмэ, Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум щыгугъ цӀыху псоми Тхьэм и ней къащыхуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Торэт хабзэм и тхылъым ит псори сыт щыгъуи зымыгъэзащӀэм Тхьэм и ней къыщохуэ».


Фи Ӏэпкълъэпкъым и пкъыгъуэхэм гуэныхь ящӀэну бзаджагъэм и Ӏэщэхэм яхуэдэ фымыгъэхъу, лӀахэм къахэтэджыкӀыжа цӀыхухэм фахуэдэу Тхьэм и ӀэмыщӀэ зифлъхьэ. Фэ фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэри щыпкъагъэм и Ӏэщэхэм яхуэдэу Тхьэм хуэвунэтӀ.


Абы щыгъуэ сыт фэ фи фӀагъыу къэкӀуар? Фи фӀагъыу зыри къэкӀуакъым. Иджы фызытеукӀытыхьыж апхуэдэ Ӏуэхухэм къахэкӀыр лӀэныгъэр арщ.


Гуэныхь зыщӀэ дэтхэнэри Тхьэм и унафэм йобэкъуэ, гуныхь пщӀэмэ, абы и унафэм уебэкъуауэ арщи.


Аращи, фи щэныжь бзаджэм и Ӏуэхухэр вгъэкӀуэд: Зинэ щӀэнри, гуфӀеягъи, хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэри, хъуэпсэныгъэ Ӏейхэри, нэпсеягъэри – нэпсеягъэр тхьэ нэпцӀыр бгъэлъэпӀэным хуэдэщ.


ЛӀэныгъэм и шэрэзыр гуэныхьыращ. УнафэкӀи гуэныхьым тепщэныгъэ къытхуиӀэщ.


Зэбииныгъэрэ зэщыхьэныгъэрэ дэнэ къикӀыу къыфхыхьэрэ? Хъуэпсэныгъэ Ӏейхэу фигухэм илъу щызэныкъуэкъухэракъэ къызыхэкӀыр?


Хъуэпсэныгъэ Ӏейр уэндэгъу хъумэ, гуэныхь щӀэныр къелъху; гуэныхь щӀэнри нэгъэса щыхъукӀэ, ажалыр къелъху.


ЗэхэщӀыкӀ димыӀэу, Тхьэм демыдаӀуэу дыпсэууэ щытащ дэри. Дыгъуэщауэ щытащ, ди гур зыщӀэхъуэпса Ӏуэху мыхъумыщӀэ куэдымрэ дызыгъатхъа Ӏуэху мыхъумыщӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэмрэ драпщылӀащ. Бзаджагъэрэ фыгъуэныгъэкӀэ дыпсэууэ, гущыкӀыгъуэу, дызэрылъагъу мыхъуу щытащ.


Аращи, фэ, хамэ лъэпкъыу къалъхуахэр, фыкъэдаӀуэ. Сунэт ящӀахэр (сунэт ӀэкӀэ ящӀахэращ жыхуэсӀэхэр) фэ, «сунэт ямыщӀакӀэ» зэджэхэм, мыр фи гум къэвгъэкӀыжын хуейщ:


ауэ си Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм нэгъуэщӀ хабзэжь яхэлъу солъагъу. А хабзэжьыр си акъылым идэ хабзэфӀым пэщӀоувэ. А хабзэжьым си Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм яхэлъ гуэныхь хабзэжьым сыхуегъэпщылӀ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гуэныхь щӀэным къыхэкӀыр лӀэныгъэщ, ауэ Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэныр ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ Тхьэм къыдит тыгъэшхуэр мыкӀуэдыжын гъащӀэщ.


Фэ фи зэхэщӀыкӀыр зэрыримыкъуам щхьэкӀэ, нэхъ гурыӀуэгъуафӀэ хъун папщӀэ цӀыхур зэрыпсалъэ бзэкӀэ мыр нывжызоӀэ. Фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм бзаджагъэ евгъэщӀэн щхьэкӀэ фӀеймрэ бзаджагъэмрэ я ӀэмыщӀэ пщылӀу зифлъхьэу зэрыщытам хуэдэу, иджы гукъабзагъэм и гъуэгу фрикӀуэн щхьэкӀэ фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм щыпкъагъэм пщылӀ хуэхъуну хуэвунэтӀ.


Торэт хабзэр къыщыкӀуэм, гуэныхьхэр нэхъ куэд хъуащ. Гуэныхьхэр нэхъ куэд щыхъум, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэри нэхъ ин хъуащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм Тхьэм и губжьыр къехь, ауэ хабзэ унафэ здэщымыӀэм хабзэм текӀынри щыӀэкъым.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм папщӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ иӀэ хъунукъым цӀыхум. Торэт хабзэращ гуэныхь зэрыдлэжьар къыдэзыгъэщӀэжыр.


Аращи, ягухэр зыщӀэхъуэпс мыхъун Ӏуэхухэм яхэтыну Тхьэм ахэр къигъэнащ. Я цӀыхубзхэри хабзэм текӀри, зым адрейм мыхъун ирищӀащ.


ЦӀыхум къыхуэхъур цӀыхущ, ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыхэкӀ цӀыхур Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъ цӀыхущ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гум къикӀыр мыращ: Гупсысэ бзаджэхэр, цӀыху укӀыныр, зинэ щӀэныр, дыгъуэныр, цӀыхухэм пцӀы ятелъхьэныр, яхуэпсэлъэныр.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дунейм дытет пэтми, мы дунейм и цӀыхухэм я гум илъыр ди гум илъу дызауэркъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ