Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 7:24 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

24 Сыту сыцӀыху тхьэмыщкӀэ! Си пкъыу сызытекӀуадэм сыкъыхихыжу, хэт сэ сымыкӀуэду сыкъезыгъэлынур?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 7:24
36 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Ди щэныжьыр бзаджэр Мэссихь щӀыгъуу жорым зэрыраӀулӀар дощӀэ, ди гум илъ гуэныхьым и лъэкӀыныгъэр кӀуэдын щхьэкӀэ. Гуэныхь лэжьыным дрипщылӀыжынукъым дэ афӀэкӀа.


Зиусхьэным бзаджагъэ псоми сыкъыхихыжынущ икӀи сыкъихъумэурэ, езым и Тепщэныгъэшхуэу уафэм щыӀэм сыщӀишэнущ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр зеир Зиусхьэнырщ. Ӏэмин.


Мэссихь и псэр дэр щхьэкӀэ итащ. И псэр щӀитар бзаджагъэ псоми дыхишыжу, ди щхьэхэр ищэхужын щхьэкӀэщ икӀи фӀы щӀэным дигурэ ди псэкӀи дыхэту, езым и лъэпкъ дыхъун папщӀэ, ди гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу гъащӀэ щыпкъэр къыдэзытым и хабзэм гуэныхьымрэ лӀэныгъэмрэ я хабзэм и тепщэныгъэм сыкъыщӀихыжри, щхьэхуит сищӀыжащ.


Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ фэ, Абы и мелыӀыч псори, гуащӀэ лъэщхэу, и псалъэкӀэ ӀурыщӀэхэу, зыгъэзащӀэхэм Абы и унафэр!


Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящӀилъэщӀыкӀыжынущ. ЛӀэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыӀэжынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ блэкӀа Ӏуэхухэр щыӀэжкъыми.


икӀи лӀэныгъэм зэрыщышынам папщӀэ, псэухукӀэ шейтӀаным и пщылӀу щытахэр щхьэхуит ищӀын щхьэкӀэ.


Апхуэдэу дэ, лъэкӀыныгъэ зимыӀэхэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыддоӀэпыкъу; Тхьэм дызэрелъэӀун хуей щӀыкӀэр тщӀэркъыми. Ауэ псалъэхэм къамыубыд щэӀумкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Тхьэм тхуолъэӀу.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу фрикӀуэмэ, фыкӀуэдынущ, ауэ бзэджагъэ фщӀахэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ вгъэкӀуэдмэ, гъащӀэ щыпкъэр вгъуэтынущ.


«Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр сигу илъ хъуащ; Тхьэм дагъэ лъапӀэр къысщихуащи. КъыщӀысщихуар тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэтэн папщӀэкӀэщ. Зи гур кӀуэдахэм ягу къызэфӀэзгъэувэжыну, щхьэхуит зэрыхъужынум и хъыбар лъэхъуэщым щӀэсхэм езгъэщӀэну, нэфхэр къэзгъэплъэжынуи, гугъуехь зытелъхэр щхьэхуит сщӀыжынуи Тхьэм сыкъигъэкӀуащ.


Аращ а бзаджэхэр зытепсэлъыхьыр, ягу щӀэныкъуэ зыри щыӀэкъым, ягъэбагъуэ я мылъкур абыхэм.


Ар фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ сунэт фащӀам фыхуэдэщ. ЦӀыхухэм ӀэкӀэ ящӀа сунэткъым ар, атӀэ къызыпкърыкӀар Мэссихьщ. Ар къыщыхъуар Мэссихь фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр щызыхывигъэна махуэрщ.


Гъуэгу махуэ теуващ щыпкъагъэм хуэзэшхэр икӀи хуэлӀэхэр, абыхэм яхурикъун щыпкъагъэ ягъуэтынущи.


Пащтыхь псоми щхьэщэ къыхурыращӀ абы; хурелажьэ хамэ лъэпкъхэр.


Сыту жыпӀэмэ ажал зыгъуэтам игу Уэ укъэкӀыжынукъым: хьэдрыхэ щыӀэу уи щӀыхьыр хэт яхуэзыӀуэтэнур?


Гъуэгу махуэ теуващ гукъеуэ зиӀэхэр, абыхэм я гукъеуэр Тхьэм ящхьэщихыжынущи.


КъыпщӀэхъуэнухэр игъащӀэкӀэ пащтыхьынхэу Сэ згъэувынщ, уи тетыгъуэр къэкӀуэну щӀэблэхэм ящымыкӀуэдыну згъэпсынщ».


Сэ жысӀащ: си бзэгукӀэ гуэныхь сымыщӀэну, сыхуэсакъынщ си гъуэгум; цӀыху бзаджэр си пащхьэ итыху, си жьэ быдэу сӀыгъынщ.


Ауэ гугъуехь зышэчыр Тхьэм къигъэщӀахэм я закъуэкъым. Тхьэм и тыгъэхэм ящыщу япэрейуэ езым и Псэ ЛъапӀэр дэ, ар зи гум кърилъхьа цӀыхухэри, дигукӀэ дощэӀу, Тхьэм и быну дидэу, дипкъхэр щхьэхуит щищӀыжыну махуэм ди фӀэщу дыпэплъэу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ