ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 7:23 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр23 ауэ си Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм нэгъуэщӀ хабзэжь яхэлъу солъагъу. А хабзэжьыр си акъылым идэ хабзэфӀым пэщӀоувэ. А хабзэжьым си Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм яхэлъ гуэныхь хабзэжьым сыхуегъэпщылӀ. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Фэ фи зэхэщӀыкӀыр зэрыримыкъуам щхьэкӀэ, нэхъ гурыӀуэгъуафӀэ хъун папщӀэ цӀыхур зэрыпсалъэ бзэкӀэ мыр нывжызоӀэ. Фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм бзаджагъэ евгъэщӀэн щхьэкӀэ фӀеймрэ бзаджагъэмрэ я ӀэмыщӀэ пщылӀу зифлъхьэу зэрыщытам хуэдэу, иджы гукъабзагъэм и гъуэгу фрикӀуэн щхьэкӀэ фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм щыпкъагъэм пщылӀ хуэхъуну хуэвунэтӀ.