22 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сигукӀэ Тхьэм и хабзэм сыщогуфӀыкӀ,
Ар зыгъэгуфӀэр Зиусхьэным и хабзэщ, Абы и хабзэм жэщи махуи йогупсыс ар.
ЗэкӀэ сызылъагъу мыхъухэр си нэщӀыбагъкӀэ щоӀущащэ, Бзаджагъэ къызащӀэну ягу иралъхьэ.
А махуэхэм яужькӀэ сэрэ израил лъэпкъымрэ дяку дэслъхьэну зэгурыӀуэныгъэр мыращ: Си унафэхэр абыхэм я щхьэм ислъхьэнущ, ягуми истхэнущ. Сэ абыхэм я Тхьэуэ сыщытынущ, ахэри сэ си лъэпкъыу щытынущ, жеӀэ Зиусхьэным.
Аращи, ди гур дгъэкӀуэдыркъым. Ди пкъыр кӀуэд зэпытми, Тхьэм махуэ къэси ди гум илъыр къызэрехъуэкӀ зэпытщ.
Тхьэм и щӀыхьышхуэм тету, езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ фигухэр лъэкӀыныгъэкӀэ игъэбыдэну солъэӀу,
атӀэ цӀыхухэм ямылъагъуу фи гум илъу, гущабагъэмрэ гузэгъэгъуэмрэ къыхэкӀ дахагъэ мыкӀуэдыжырауэ ирехъу дахэ фызыщӀыр. Тхьэм дежкӀэ абы уасэшхуэ иӀэщ.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэм егупсыс цӀыхур Тхьэм и бий мэхъу. А цӀыхур Тхьэм и хабзэм и унафэм едаӀуэркъым, едэӀуэни хузэфӀэкӀыркъым.
ФызэрымыгъэпцӀэж, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи щэныжь бзаджэр, абы и Ӏуэхухэри щӀыгъуу, зыхэвныжри,
– Сэ си шхыныгъуэр сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр злэжьыну, абы и Ӏуэхур нэзгъэсыну аращ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
Журт пэжу щытыр зигукӀэ журту щытыр арщ. Сунэт пэжу щытыр сунэту гум илъыр арщ. Ар къызыхэкӀыр тхар аракъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арщ. Апхуэдэ цӀыхум и щӀыхьыр цӀыхум деж къикӀыркъым, атӀэ Тхьэм дежщ къыздикӀыр.