Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 7:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 Торэт хабзэр Тхьэм деж къызэрикӀар дощӀэ. Ауэ сэ сыцӀыху тхьэмыщкӀэщ, гуэныхьым срипщылӀщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 7:14
38 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Си гуэныхьыщӀэ щэныжьым сеплъмэ, си гум фӀыгъуэ зэримылъыр сощӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀы сщӀэну сыхуейми, згъэзэщӀэну схузэфӀэкӀыркъым.


Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм нэхърэ сынэхъ цӀыкӀуми, Тхьэм и нэфӀ къысщыхури, мы Ӏуэхур си пщэм къыдилъхьащ: Мэссихь хэлъ къулеигъэшхуэу зыми имыгъэунэхуфынум и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм езгъэщӀэнуи,


Ауэ сэ нывжызоӀэ, цӀыхубз гуэрым хъуэпсэнэгуу еплъ дэтхэнэми игукӀэ зинэ ищӀакӀэщ.


Ауэ сэ нывжызоӀэ, и къуэшым хуэгубжь дэтхэнэри хеящӀэм и пащхьэм ирашэнущ. И къуэшым «Уэ уи щхьэр нэщӀщ!» жезыӀэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм ирашэнущ. И къуэшым «Уэ уакъылыншэщ!» жезыӀэр жыхьэнмэ мафӀэм хыхьэнущ.


Абыхэм я гъусэу кӀуащ Хьисэ. Дзэ пашэм и унэм пэгъунэгъу щыхъум, абы и ныбжьэгъухэр къыпригъажьэри, Хьисэ къажрыригъэӀащ: – Зи щӀыхь ин, гугъу зумыгъэхь, си унэм уэ уныщӀыхьэну сэ схуэфащэкъым.


Ар щилъагъум, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, Симон Петр жиӀащ: – ЗбгъэдэкӀ, Зиусхьэн, сэ сыцӀыху гуэныхьщӀакӀуэщ.


ЩӀыхуэр зэрипшыныжын зэримыӀэм къыхэкӀкӀэ, ари, абы и фызри, и бынхэри, иӀэ псори ящэу, щӀыхуэр иригъэпшыныжыну, пащтыхьым унафэ ищӀащ.


Хьисэ Петр зыкъыхуигъазэри жриӀащ: – ЗбгъэдэкӀ, шейтӀан. Уэ пэрыуэгъу укъысхуохъу, уэ уи гупсысэкӀэр Тхьэм и гупсысэкӀэу щыткъым, атӀэ цӀыхум и гупсысэкӀэщи.


УзэкӀуэдылӀэн псалъэу щыӀэхэр уэ уи щӀасэщ, уэ бзэгу хьилэщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыкърадыгъукӀащ журт щӀыналъэм; мыбы хьэпсым сыщӀрадзэн зыри щысщӀакъым.


Мидиам цӀыхухэм Мысырым щращащ Исуф Потифар, фирхьэуным и блыгущӀэтхэм щыщым, фирхьэуным и щхьэхъумэхэм я Ӏэтащхьэм.


ДыкӀуэнщи, етщэнщ ар исмэхьил цӀыхухэм, абы илъ дгъэжэну дыхуейкъым; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар ди къуэшщ, дилщ. Зэшхэр абы едэӀуащ.


Тхьэм и псалъэхэм гъащӀэшхуэмрэ лъэкӀыныгъэшхуэмрэ яхэлъщ. Ахэр Тхьэм и бгъуитӀымкӀэ джатэ жанэм нэхърэ нэхъ жаныжщ. Псэри, гури, къупщхьэри, куцӀри зэхагъэкӀыу цӀыхум и гущӀэлъапсэм нэсыху пхрокӀ. ЦӀыхум и гупсысэхэри и мурадхэри зэхаху.


ИтӀанэ, дэ, журтхэр, нэгъуэщӀ цӀыхухэм нэхърэ дынэхъыфӀ? Хьэуэ, дэ зыкӀи дынэхъыфӀкъым. Журт псори нэгъуэщӀ лъэпкъ псори гуэныхьым и ӀэмыщӀэ зэрилъыр къэдгъэнэхуащ,


Ди щэныжьыр бзаджэр Мэссихь щӀыгъуу жорым зэрыраӀулӀар дощӀэ, ди гум илъ гуэныхьым и лъэкӀыныгъэр кӀуэдын щхьэкӀэ. Гуэныхь лэжьыным дрипщылӀыжынукъым дэ афӀэкӀа.


Апхуэдэу, Тхьэм и ӀуэхухэмкӀэ дэри цӀыкӀуу дыщыщытам, мы дунейм теухуауэ цӀыхухэм яӀэ къызэрыгуэкӀ еплъыкӀхэм драпщылӀащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ