Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 7:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 сэри лӀам хуэдэ сыхъуащ. Апхуэдэу, цӀыхухэм гъащӀэ ягъуэтын щхьэкӀэ, Тхьэм къытхуищӀа унафэм сигъэлӀащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 7:10
10 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ХьэрфхэмкӀэ мывэхэм тетха Торэт хабзэм къыдэкӀуа Ӏуэхум ажалыр цӀыхухэм къахуихьын хуейуэ щытми, щӀыхьышхуэ иӀэу ар къэкӀуащ. Апхуэдэу, Мусэ бегъымбарым и нэгум щӀэт нэхушхуэр кӀуэдыжу щыта пэтми, израил цӀыхухэм абы и нэгум иплъэн ялъэкӀтэкъым.


ЦӀыхум Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытэм теухуауэ Мусэ бегъымбарым мыпхуэдэу итхащ: «Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэм Торэт хабзэмкӀэ гъащӀэ иӀэнущ».


Торэт хабзэм итхэр бгъэзэщӀэным и Ӏуэхур фӀэщхъуныгъэ уиӀэным и Ӏуэхум епхауэ щыткъым, ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэр абыкӀэ псэунущ».


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм Тхьэм и губжьыр къехь, ауэ хабзэ унафэ здэщымыӀэм хабзэм текӀынри щыӀэкъым.


Зэгуэрым Торэт хабзэр сымыщӀэу сыпсэуащ. Ауэ Тхьэм и унафэр къыщыкӀуэм, гуэныхьым къару иӀэ хъури,


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ