1 Си къуэшхэ, хабзэм иритхахэр зыщӀэ цӀыхуу фыслъытэу сынывопсалъэ: ЦӀыхур псэуху, хабзэм тепщэныгъэ зэрыхуиӀэр фщӀэркъэ?
Гуэныхь щӀэным тепщэныгъэ къыфхуиӀэнукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хабзэм и унафэхэм я тепщэныгъаракъым фызыщӀэтыр, атӀэ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм и тепщэныгъэр арщ.
Ауэ иджы Торэт хабзэу дызыӀыгъам и Ӏуэху къытхэмылъыжу, а хабзэм дежкӀэ цӀыху лӀахэм яхуэдэ дыхъущ, Тхьэм Торэт хабзэм и тепщэныгъэм дыкъыщӀихыжри, щхьэхуит дищӀыжащ. Аращи, Тхьэм дызэрыхуэлажьэ щӀыкӀэр нэхъапэм ятха хабзэм тетукъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и хабзэщӀэм тетущ.
Мэссихь Хьисэ ди псэм щыщ хъуну дэ псори дыщаумэхъым, абы и лӀэныгъэм ди Ӏыхьэ хэлъыну дызэраумэхъар фщӀэркъэ?
Си къуэшхэ, си гур зыщӀэхъуэпсри Тхьэм сызэрелъэӀу зэпытри си лъэпкъ израил мыкӀуэду къригъэлыну арщ.
КъызжефӀэ, фэ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтыну хуейхэм, Торэт хабзэм итхэр зэхэфщӀыкӀыркъэ?
Си къуэшу си лъэпкъым щыщхэм си фӀагъ езгъэкӀын слъэкӀатэмэ, Тхьэм и ней къысщыхуэу, Мэссихь сызыбгъэдигъэкӀыну сыхуеинт.
ЦӀыху акъылкӀэ къыжысӀэрэ мы Ӏуэхугъуэхэр? Апхуэдэукъэ Торэт хабзэм зэрыжиӀэр?
Фи деж сынэкӀуэну куэдрэ си гум илъу зэрыщытар фщӀэн хуейщ, си къуэшхэ, ауэ иджыри къэс Ӏуэху гуэр къыслъыкъуэкӀыурэ къекӀуэкӀащ. НэгъуэщӀ лъэпкъхэм я деж фӀыгъуэ къызыхэкӀ Ӏуэху зэрыщысщӀам хуэдэу, фи дежи Ӏуэху щызлэжыну сыхуейщ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм и гугъапӀэр Мэссихьщ икӀи Тхьэм МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэми щыпкъагъэ иӀэу елъытэ.