Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 6:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхур лӀамэ, гуэныхь щӀэным и ӀэмыщӀэ икӀыжащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 6:7
8 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Аращи, Мэссихь и пкъымкӀэ гугъуехь зэришэчам щхьэкӀэ фэри абы и гупсысэкӀэкӀэ фигу вгъэбыдэн хуейщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зипкъкӀэ гугъуехь зышэчар гуэныхь Ӏуэху хэтыжкъым.


Аращи, зи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу иримыкӀуэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуу, Мэссихь Хьисэ зи гум илъхэр Тхьэм зэикӀ игъэкъуэншэнукъым.


Апхуэдэу, си къуэшхэ, Мэссихь и пкъыр зэрылӀам къыхэкӀкӀэ, Торэт хабзэм и Ӏуэху къыфхэмылъыжу, а хабзэм дежкӀэ фэри цӀыху лӀахэм фахуэдэщ. Мэссихьу Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжам ей иджы фыхъуащи, Тхьэм фӀыгъуэ хуэдлэжьыпхъэщ.


Псалъэм щхьэкӀэ, фызым и лӀыр псэуху, хабзэмкӀэ а фызыр и лӀым епхауэ щытщ. Ауэ и лӀыр лӀэмэ, хабзэм фызыр щхьэхуит ещӀ.


Мэссихь дыщӀыгъуу дызэрылӀам щхьэкӀэ, дыщӀыгъуу дызэрыпсэунури ди фӀэщ мэхъу.


Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Гуэныхь щӀэным и Ӏуэху къытхэмылъыжу, гуэныхь щӀэным дежкӀэ цӀыху лӀахэм дахуэдэщ. Абы щыгъуэ гуэныхь тщӀэ зэпыту дыпсэуфыну?


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къэкӀуащ. Ар машхэ икӀи йофэ. «Ешхэн-ефэныр зи щӀасэу, хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщӀэхэмрэ я ныбжьэгъущ», хужаӀэ абы. АрщхьэкӀэ Тхьэм и акъылыфӀагъэм къыхэкӀа къэхъукъащӀэхэм а акъылыфӀагъэр ягъэщыпкъэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ