Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 6:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Дыщаумэхъым, Мэссихь дригъусэу дылӀэри, езым дригъусэу дыщӀалъхьэжащ. Апхуэдэу щӀэхъуар дэри гъащӀэщӀэ диӀэу дыпсэун щхьэкӀэщ, Адэ лъапӀэм и лъэкӀыныгъэу щӀыхьышхуэ зиӀэмкӀэ Мэссихь лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам хуэдэу.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 6:4
33 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Аращи, Мэссихь цӀыху гуэрым и псэм щыщ хъумэ, а цӀыхур Тхьэм щӀэрыщӀэу къигъэхъужащ. А цӀыхум и дуней тетыкӀэу щытар блэкӀащ, дуней тетыкӀэщӀэм щӀидзащ.


щэныщӀэфӀыр фащэ хуэдэу зэфшэкӀащ. Тхьэуэ а щэныщӀэфӀыр къэзыгъэхъуам, езым и щэн хуэдэу хъуурэ, а щэныфӀыр зэпымыууэ егъэщӀэращӀэ, езыр зыхуэдэр пэжу зэвгъэщӀэн щхьэкӀэ.


Ауэ иджы Торэт хабзэу дызыӀыгъам и Ӏуэху къытхэмылъыжу, а хабзэм дежкӀэ цӀыху лӀахэм яхуэдэ дыхъущ, Тхьэм Торэт хабзэм и тепщэныгъэм дыкъыщӀихыжри, щхьэхуит дищӀыжащ. Аращи, Тхьэм дызэрыхуэлажьэ щӀыкӀэр нэхъапэм ятха хабзэм тетукъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и хабзэщӀэм тетущ.


Апхуэдэу, Хьисэ Мэссихь лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжам щхьэкӀэ, зевгъэумэхъыурэ фымыкӀуэду Тхьэм иджы фыкърегъэл. Зевгъэумэхъын жыхуэсӀэр фипкъхэм фӀеигъэр ятевгъэкъэбзыкӀыныр аракъым, атӀэ мыхъумыщӀэ лъэпкъ фигукӀэ зыдэвмыщӀэжу Тхьэм фыхуэпэжыну псалъэ ефтыныр аращ.


Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжауэ, Мэссихь зэрымылӀэжынур дощӀэ. ЛӀэныгъэм тепщэныгъэ къыхуиӀэжкъым абы.


ЛъэкӀыныгъэ имыӀэу жорым ираӀулӀауэ щыт пэтми, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ иджы псэущ. Мэссихь ди псэм щыщу дэри лъэкӀыныгъэ димыӀэ пэтми, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ дэри Мэссихь ди гъусэу дыпсэунущ, дыфхуэлэжьэн щхьэкӀэ.


Мэссихь Хьисэ ди псэм щыщ хъуну дэ псори дыщаумэхъым, абы и лӀэныгъэм ди Ӏыхьэ хэлъыну дызэраумэхъар фщӀэркъэ?


«Тхьэр си псэм щыщщ» жызыӀэр Хьисэ зэрыпсэуам хуэдэу псэун хуейщ.


Тхьэм Зиусхьэныр лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ. Дэри лӀахэм дакъыхигъэтэджыкӀыжынущ и лъэкӀыныгъэкӀэ.


Тхьэуэ Хьисэ лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжам и Псэ ЛъапӀэр фи гум илъмэ, абы щыгъуэ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъым и лъэкӀыныгъэкӀэ фи пкъыу лӀэнухэми гъащӀэ къаритынущ.


Зиусхьэным и цӀэкӀэ куэду фхузогъэбыдэ: Хамэ лъэпкъхэм я щхьэхэр нэщӀу зэрыпсэум хуэдэу фымыпсэу.


Фэ фи зэхэщӀыкӀыр зэрыримыкъуам щхьэкӀэ, нэхъ гурыӀуэгъуафӀэ хъун папщӀэ цӀыхур зэрыпсалъэ бзэкӀэ мыр нывжызоӀэ. Фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм бзаджагъэ евгъэщӀэн щхьэкӀэ фӀеймрэ бзаджагъэмрэ я ӀэмыщӀэ пщылӀу зифлъхьэу зэрыщытам хуэдэу, иджы гукъабзагъэм и гъуэгу фрикӀуэн щхьэкӀэ фи Ӏэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэм щыпкъагъэм пщылӀ хуэхъуну хуэвунэтӀ.


– Уэ фӀэщхъуныгъэ уиӀэмэ, Тхьэм и щӀыхьышхуэр зэрыплъагъунур бжесӀатэкъэ? – къыжриӀащ Хьисэ.


Ауэ Тхьэм ар лӀэныгъэм и гугъуехь шэчыным хишыжри, лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ажалыр абы пэлъэщакъым.


Тепщэхэ, фэри Зиусхьэн уафэм зэрыщывиӀэр фщӀэуэ, фи унэӀутхэм фазэрыхущытын хуейм тету икӀи захуэу фахущыт.


Зэгуэрым фэ кӀыфӀыгъэм фыхуэдащ, ауэ иджы Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ нэху фыхъуащ. Нэхум и бынхэр псэун зэрыхуейм хуэдэу фыпсэу,


Хьисэ и нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэм ящыщу япэрейр аращ. А нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр Галилей хэкум щыщ Канэ жылэм щигъэлъэгъуащ. И щӀыхьышхуэр къигъэнэхуащ апхуэдэу, и гъуэгу ирикӀуэхэми езымкӀэ фӀэщхъуныгъэу яӀэри нэхъ быдэ хъуащ.


А Хьисэращ Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжар икӀи дэ псори а Ӏуэхум дрищыхьэтщ.


Мэссихь дыщӀыгъуу дызэрылӀам щхьэкӀэ, дыщӀыгъуу дызэрыпсэунури ди фӀэщ мэхъу.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ