Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 6:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Гуэныхь щӀэным и Ӏуэху къытхэмылъыжу, гуэныхь щӀэным дежкӀэ цӀыху лӀахэм дахуэдэщ. Абы щыгъуэ гуэныхь тщӀэ зэпыту дыпсэуфыну?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 6:2
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Хэти, Тхьэм и бынмэ, гуэныхь щӀэным пэӀэщӀэ зищӀынущ, Тхьэм абы игу кърилъхьар езым и Псэ ЛъапӀэр арщ икӀи ар Тхьэм и быным и гум сыт щыгъуи илъынущи. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм гуэныхь ищӀэн зэрылъэмыкӀым къыхэкӀэкӀэ Тхьэм и бынми гуэныхь щӀэным пэӀэщӀэ зимыщӀын лъэкӀынукъым.


Фэ фылӀащ, фи гъащӀэ пэжри мыкӀуэду, Тхьэр здэщыӀэ уафэм Мэссихь къыщыфхуегъэнэж.


Апхуэдэу, си къуэшхэ, Мэссихь и пкъыр зэрылӀам къыхэкӀкӀэ, Торэт хабзэм и Ӏуэху къыфхэмылъыжу, а хабзэм дежкӀэ фэри цӀыху лӀахэм фахуэдэщ. Мэссихьу Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжам ей иджы фыхъуащи, Тхьэм фӀыгъуэ хуэдлэжьыпхъэщ.


Жорым щраӀулӀым, ди гуэныхьхэр къытщхьэщихыурэ, абыхэм яхуэфащэ гугъуехьыр езым и пкъым трилъхьащ, гуэныхь щӀэным дыкъыбгъэдишыжу, щыпкъагъэм дыхуэпсэун щхьэкӀэ. Абы и уӀэгъэхэмкӀэ фигъэхъужащ.


Торэт хабзэм и Ӏуэху къысхэмылъыжу, Торэт хабзэм дежкӀэ цӀыху лӀа сыхъуащ – ар къызыпкърыкӀар Торэт хабзэр арщ – Тхьэм сыхуэпсэун щхьэкӀэ. Мэссихь сригъусэу жорым сраӀулӀащ.


Ауэ иджы Торэт хабзэу дызыӀыгъам и Ӏуэху къытхэмылъыжу, а хабзэм дежкӀэ цӀыху лӀахэм яхуэдэ дыхъущ, Тхьэм Торэт хабзэм и тепщэныгъэм дыкъыщӀихыжри, щхьэхуит дищӀыжащ. Аращи, Тхьэм дызэрыхуэлажьэ щӀыкӀэр нэхъапэм ятха хабзэм тетукъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и хабзэщӀэм тетущ.


Щыпкъагъэр зыхуэдэр фымыщӀэу, фи хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм Ӏэрылъхьэ фызэрыщытам хуэдэу, иджы Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу, сабий ӀурыщӀэхэм хуэдэу.


Мэссихь и гъусэу лӀам фыхуэдэщ, фэ цӀыхухэм мы дунейм теухуауэ яӀэ гурыӀуэныгъэхэм тепщэныгъэ къыфхуаӀэжкъым. АтӀэ Ӏуэхур абы тетмэ, мы дунейм и цӀыхухэм фазэрыщыщым хуэдэу фыпсэуурэ, мыпхуэдэ унафэхэм сыт фыщӀедаӀуэр:


Сэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и жорым фӀэкӀа нэгъуэщӀым сыщытхъуну сыхуейкъым. Хьисэ жорым зэрыкӀэрылӀыхьам щхьэкӀэ, мы дунейм и Ӏуэхухэм пщӀэ зыри ямыӀэжу, сэ си дежкӀэ ахэр жорым ираӀулӀам хуэдэщ, сэри мы дунейм и Ӏуэхухэм я дежкӀэ цӀыхухэм жорым ираӀулӀам сыхуэдэщ.


ДымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлыну къудейркъым – ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь Тхьэм дыщегъэгуфӀыкӀ. Мэссихьщ Тхьэм дезыгъэкӀужар.


ЩыӀэкъым мы унэм сэ нэхърэ нэхъ ин; абы зыри къыспиубыдыркъым, уэ зыр мыхъумэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэ абы урифызщ; атӀэ сэ дауэ злэжьын а Ӏеягъэ ин дыдэр, дауэ гуэныхьи къыщысхьын Тхьэм и пащхьэ?


– Ар къэкӀуэнущ, а жызумгъэкӀхэр игъэкӀуэдынурэ, хадэр нэгъуэщӀхэм яӀэщӀилъхьэнущ. – Ар къэхъуну Тхьэм жимыӀэкӀэ, – жаӀащ цӀыхухэм ар щызэхахым.


Сыт-тӀэ? Хабзэм и унафэхэм я тепщэныгъэм дыщӀэмыту, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм и тепщэныгъэм дызэрыщӀэтым щхьэкӀэ гуэныхь тщӀэну дыхуит? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ