Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 6:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Сыт-тӀэ жытӀэнур? Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр нэхъ къытлъигъэсын щхьэкӀэ, гуэныхь тщӀэ зэпыту дыщытыну?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 6:1
9 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фи щхьэ фыхуиту фыпсэу, ауэ бзаджэ щӀэнымкӀэ щхьэхуитыныгъэр къэвмыгъэсэбэп, Тхьэм хуэлажьэ цӀыхухэм яхуэфащэу фыпсэу.


Си къуэшхэ, щхьэхуитыныгъэ фиӀэну Тхьэм фыкъыхуриджащ. Ауэ щхьэхуитыныгъэр фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏейр фщӀэнымкӀэ лъабжьэ иремыхъу. Зыр зым фӀылъагъуныгъэкӀэ ӀуэхутхьэбзащӀэ хурехъу.


Сыт-тӀэ? Хабзэм и унафэхэм я тепщэныгъэм дыщӀэмыту, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм и тепщэныгъэм дызэрыщӀэтым щхьэкӀэ гуэныхь тщӀэну дыхуит? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым.


Е Тхьэм и фӀыгъуэшхуэри, и гущабагъэшхуэри, и шыӀэныгъэшхуэри гулъытэншэу къэбгъанэу ара? Уэ гуэныхьу пщӀахэм уахущӀегъуэжыну Тхьэм и фӀыгъуэшхуэкӀэ Ӏэмал къызэрыуитыр къыбгурыӀуэркъэ?


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху гуэрхэм фымыщӀэххэу зыкъыфхагъэзэрыхьащ. Тхьэм ахэр зэригъэкъуэншэнур и псалъэ тхахэм куэд щӀауэ хэтщ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ абыхэм я гум илъкъым. Ди Тхьэм и нэфӀ цӀыхухэм къазэрыщыхуэм и хъыбарыр къагъэсэбэп абыхэм, мыхъумыщӀэ псэукӀэм зратын щхьэкӀэ. Ди пашэ икӀи ди Зиусхьэн закъуэ Хьисэ Мэссихьыр ягукӀэ ящтэркъым.


Апхуэдэу жытӀэмэ Торэт хабзэр фӀэщхъуныгъэмкӀэ дгъэкӀуэдрэ? Хьэуэ, дгъэкӀуэдыркъым, атӀэ Торэт хабзэр догъэщыпкъэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ