7 Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхум и пӀэкӀэ зыгуэр лӀэну фӀэщщӀыгъуейщ. ЦӀыхуфӀым и пӀэкӀэ зыгуэр лӀэнкӀи хъунщ.
ФӀылъагъуныгъэр зыхуэдэр дэзыгъащӀэр мыращ: Хьисэ Мэссихь и псэр тхуитащ. Дэри ди псэр ди къуэшхэм папщӀэ ттын хуейщ.
Абыхэм си псэр мыкӀуэду кърагъэлын щхьэкӀэ, езыхэм я псэхэм щысхьыжакъым. Абыхэм фӀыщӀэ яхуэзыщӀыр си закъуэкъым, хамэ лъэпкъхэм я члисэ зэхуэс псоми фӀыщӀэ щыхуащӀ. Я унэм щызэӀущӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм фӀэхъус схуефхыж.
Езым и ныбжьэгъухэм папщӀэ зи псэр зыт цӀыхум и фӀылъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ фӀылъагъуныгъэшхуэ щыӀэкъым.
Варнавэ цӀыхуфӀу щытащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри фӀэщхъуныгъэри и гум ину илъащ. Апхуэдэурэ, ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм куэд къыхэхъуащ.
Хэт Зиусхьэну ди Тхьэм хуэдэр: Ар лъагэм щыпсэуурэ,
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы цӀыху лъэпкъыр гулъытэншэ хъуащ. Я тхьэкӀумэхэмкӀи ерагъыу зэхах къудейщ, я нэхэри яуфӀыцӀащ. Апхуэдэу щымытамэ, я нэхэмкӀи ялъагъунт, я тхьэкӀумэхэмкӀи зэхахынт, ягухэмкӀи зэхащӀыкӀынт, си дежи къагъэзэжынти, сэ ахэр згъэхъужынт итӀанэ».
Тхьэм игъэува зэманым, дэ дэӀэпыкъуэгъу дыщызэхуэмыхъужыфым, дэ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъ цӀыхухэм, щхьэкӀэ Мэссихь лӀащ.
Ауэ фӀылъагъуныгъэу къытхуиӀэр Тхьэм мыпхуэдэу къигъэлъэгъуащ: Дэ иджыри дыгуэныхьыщӀэми, Мэссихь дэр щхьэкӀэ лӀащ.