4 Теубыдагъэм Тхьэм и гум ирихь Ӏэдэбыгъэр къыхокӀ. Ӏэдэбыгъэм Тхьэм ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсынум дызэрыщыгугъыр къыхокӀ.
НэфӀ щыхуэныгъэ псори зиӀэ Тхьэм езым и щӀыхьышхуэу мыкӀуэдыжынумкӀэ Ӏыхьэ фиӀэну фыкъыхуриджащ Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ. Зы мащӀэкӀэ гугъуехь фшэча нэужь, езы Тхьэм фыкъызэфӀигъэувэжынущ, фигухэр игъэбыдэнурэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фыкъимыкӀуэтыжу быдэу фытригъэтынущ.
И щыпкъагъэ гъэунэхуа хъумэ, теубыдагъэ зиӀэр гъуэгу махуэ теуващ, абы и щыпкъагъэр гъэунэхуа хъуа нэужь, езыр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа мыкӀуэдыжын гъащӀэр тажэм хуэдэу Тхьэм а цӀыхум къритынущи.
Егъэзыгъэ цӀыхухэр залымыгъэкӀэ ягъэпсэухэр яӀэщӀехыж; и цӀыхухэм я псэхэр абы дежкӀэ лъапӀэщ.
Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт псори щӀатхар щыпкъагъэр дагъэщӀэн щхьэкӀэщ. Тхьэм и псалъэ тхахэм шыӀэныгъэрэ гушхуэныгъэрэ диӀэ ягъэхъуурэ, Тхьэм ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсынум дыщагъэгугъ.
Теубыдагъэ фиӀэмэ, фи псэр мыкӀуэду къевгъэлынущ.
Тимофей зэрыцӀыху пэжыр фэ фощӀэ. Къуэр и адэм зэрыдэлажьэм хуэдэу, хъыбарыфӀ Ӏуэтэным и ӀуэхукӀэ къыздэӀэпыкъуащ.
Мэссихь дызэрыщыгугъыр быдэу икӀи дзыхь хуэтщӀу хъурзэм хуэдэу ди гум илъщ. Тхьэм и унэшхуэм и кӀуэцӀым щыфӀэлъ Ӏупхъуэм дыблэкӀыурэ, я нэхъ пэш лъапӀэм дыщӀыхьэн тлъэкӀынущ абы щхьэкӀэ.