Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Абы и закъуэкъым: дэ тшэч гузэвэгъуэхэми дащогуфӀыкӀ, гузэвэгъуэ шэчыным теубагъэ къызэрыхэкӀыр дощӀэри.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5:3
21 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

И щыпкъагъэ гъэунэхуа хъумэ, теубыдагъэ зиӀэр гъуэгу махуэ теуващ, абы и щыпкъагъэр гъэунэхуа хъуа нэужь, езыр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа мыкӀуэдыжын гъащӀэр тажэм хуэдэу Тхьэм а цӀыхум къритынущи.


Ауэ щыпкъагъэм щхьэкӀэ гугъуехь фшэчмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ. Аращи, цӀыхухэм зевмыгъэгъэшынэ икӀи зыми зевмыгъэгузавэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы гузэвэгъуэ мащӀэу икӀи кӀэщӀу дызыхэтым фӀыуэ къыпэкӀуэр гузэвэгъуэу дызыхэтым хуумыгъэдэфыну мыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэр арщ.


Теубыдагъэ фиӀэмэ, фи псэр мыкӀуэду къевгъэлынущ.


Аращи, си фӀагъ фэзгъэкӀыурэ, гугъуехь зэрысшэчым щхьэкӀэ фи гур фымыгъэныкъуэну сыныволъэӀу. Сэ сшэч а гугъуехьым фэркӀэ фӀы хэлъщ.


Апхуэдэу щыхъум, цӀыхухэр абыхэм Хьисэ и цӀэкӀэ къекъуэншэкӀыну Тхьэм къазэрыхуигъэхуэфэщамкӀэ гуфӀэу, апостолхэр Тхьэмадэ Хасэшхуэ унэм къыщӀэкӀыжащ.


МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэным и мызакъуэу, Мэссихь щхьэкӀэ гугъуехь фшэчынуи Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ хуит фищӀащ.


ДымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлыну къудейркъым – ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь Тхьэм дыщегъэгуфӀыкӀ. Мэссихьщ Тхьэм дезыгъэкӀужар.


Ауэ гугъуехь зышэчыр Тхьэм къигъэщӀахэм я закъуэкъым. Тхьэм и тыгъэхэм ящыщу япэрейуэ езым и Псэ ЛъапӀэр дэ, ар зи гум кърилъхьа цӀыхухэри, дигукӀэ дощэӀу, Тхьэм и быну дидэу, дипкъхэр щхьэхуит щищӀыжыну махуэм ди фӀэщу дыпэплъэу.


Абы нэмыщӀу, Ревеккэ Исхьэкъ къуитӀ къыхуилъхуну лъэщыджэ щыхъум, Ӏуэхур зытетар апхуэдэт.


Абы нэмыщӀу, Зиусхьэным щӀыхь хуэтщӀын икӀи дызэрыфтегузэвыхьыр зэхывэдгъэщӀыкӀын щхьэкӀэ, фӀы къыздэкӀуэ мы Ӏуэхур длэжь щыхъум, члисэ зэхуэсхэм а къуэшыр къыхахащ ныддэкӀуэну.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ