Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Апхуэдэуи Тхьэм и тыгъэшхуэм къыхэкӀыр а цӀыху закъуэм ищӀа гуэныхьым къыхэкӀам хуэдэкъым. А цӀыху закъуэм ищӀа гуэныхьым къыхэкӀар Тхьэм ар къуаншэу зэрилъытар арщ. ЦӀыхухэм гуэныхь куэд ящӀауэ щыт пэтми, Тхьэм абыхэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэр арщ Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ ярит тыгъэшхуэр.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5:16
14 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Зыгуэр Тхьэм и унафэ псоми едаӀуэрэ, зы унафэ закъуэм текӀмэ, унафэ псоми текӀауэ къуаншагъэ илэжьауэ мэхъу.


Торэт хабзэм итхэр ягъэзащӀэмэ, Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум щыгугъ цӀыху псоми Тхьэм и ней къащыхуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Торэт хабзэм и тхылъым ит псори сыт щыгъуи зымыгъэзащӀэм Тхьэм и ней къыщохуэ».


Ауэ мы зэманым Зиусхьэным хьэкум къыщыттрищӀыхькӀэ, дызрегъэдаӀуэ, дунейм и цӀыхухэм дащӀыгъуу дэри къуаншэ дымыхъун щхьэкӀэ.


– ЦӀыхухэм мыхъумыщӀагъэу ящӀар щахуэвгъэгъукӀэ, фи Адэ лъапӀэу уафэм щыӀэм фэри мыхъумыщӀагъэу фщӀар къыфхуигъэгъунущ, – къыщӀигъужащ Хьисэ.


Аращи, зи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу иримыкӀуэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуу, Мэссихь Хьисэ зи гум илъхэр Тхьэм зэикӀ игъэкъуэншэнукъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ