Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 АрщхьэкӀэ Ӏэдэм зи цӀэм и махуэхэм къыщыщӀэдзауэ Мусэ бегъымбарым и махуэхэм нэсыху лӀэныгъэм цӀыхухэм тепщэныгъэ яхуиӀэу щытащ. Абыхэм ящӀа гуэныхьхэр Ӏэдэм зи цӀэр Тхьэм и унафэм щытекӀым абы ищӀа гуэныхьым хуэмыдэу щыта пэтми, итӀани ахэри лӀэныгъэм и тепщэныгъэм щӀэтащ. Ӏэдэмрэ Мэссихьу дунейм къэкӀуэн хуеямрэ зэдвгъэгъапщэ иджы.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 5:14
17 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Япэрей цӀыхуу Ӏэдэм зи цӀэр псэ зыхэт цӀыху хъуащ». Ауэ иужьрей Ӏэдэмыр арщ гъащӀэ къыдэзыт псэр.


ЦӀыху псори зэ лӀэжын хуейщ, итӀанэ Тхьэм хьэкум ятрищӀыхьынущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы цӀыху закъуэм ищӀа гуэныхьым къыхэкӀкӀэ лӀэныгъэм дунейм и цӀыхухэм тепщэныгъэ яхуиӀэ хъуащ. Ауэ абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэ цӀыху закъуэм, Хьисэ Мэссихь Ӏуэхуу ищӀам щхьэкӀэ цӀыхухэм тепщэныгъэ яӀэнущ. Сыту жыпӀэмэ, Тхьэм и нэфӀыр абыхэм ину ящыхуэурэ, пщӀэ ямыту щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэм папщӀэ гъащӀэ щыпкъэр ягъуэтынурэ, тепщэныгъэ яӀэнущ.


Тхьэм къигъэщӀа псори иджыри къэс щэӀуу, сабий къызыхуэхъуну цӀыхубзым гугъуехь зэришэчым хуэдэу, гугъуехь зэрашэчыр дощӀэ.


Аращи, цӀыхухэр гуэныхь лэжьыным и ӀэмыщӀэ илъти, лӀэныгъэр Ӏыхьэу абыхэм къалъигъэсащ Тхьэм. Апхуэдабзу Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм и ӀэмыщӀэ цӀыхухэр зэрилъым щхьэкӀэ, абыхэм щыпкъагъэ яӀэу илъытэнущ Тхьэм. Аращи, Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным кыпкъырыкӀыу мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ хъунущ абыхэм.


ЩӀыгу гъущэм тету гъащӀэ зиӀэр хэкӀуэдащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым къигъэщӀа псоми я мурадыр къаримыгъэхъулӀэну Тхьэм иухащ. Апхуэдэу щӀэхъуар езыхэр хуейуэ аракъым, абыхэм я мурадыр къемыхъулӀэну зыуха Тхьэр апхуэдэу хуеяти, арщ.


ИтӀанэ зэтригъэщэхащ а къалэхэри, аузым щыӀэ псори, игъэкӀуэдащ а къалэхэм щыпсэу псори, а щӀыналъэм къыщыкӀ псори.


Къаин епсэлъащ Хьэбэл, и къуэшым. Ахэр губгъуэм иту, Къаиныр пэуващ Хьэбэл, и къуэшым, икӀи ар иукӀащ.


Гуэныхь лэжьыныр дунейм къытехьэну къызыпкърыкӀар зы цӀыхущ. Гуэныхьым щӀыгъуу лӀэныгъэри дунейм къытехьащ. Апхуэдэу, цӀыху псоми гуэныхь зэращӀам щхьэкӀэ лӀэныгъэр я Ӏыхьэ хъуащ.


ЦӀыху псори Ӏэдэм къызэрытехъукӀахэм щхьэкӀэ, зэрылӀэжынум хуэдэу, Мэссихь зи псэм щыщ цӀыху псори Тхьэм къигъэпсэужынущ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ