7 «Зи щӀэпхъаджагъэхэр Тхьэм зыхуигъэгъуауэ, зи гуэныхьхэр зыхуигъэкӀуэда цӀыхухэр гъуэгу махуэ теуващ.
Си псэр къегъэл, сыту жыпӀэмэ фӀэлӀыкӀ ныпхузиӀэщ; къегъэл мыкӀуэду уи ӀурыщӀэуэ къыпщыгугъыр, си Тхьэ.
Пкъыуэ хъуа лӀы гуэр, алэрыбгъум телъу, Хьисэ деж къахьащ. Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым жриӀащ: – Умыдзыхэ, си щӀалэ! Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.
Аращ фӀыщӀагъэхэм я Ӏуэху хэмылъу, Тхьэм щыпкъагъэ зиӀэу илъытэ цӀыхур гъуэгу махуэ теувауэ Даут пащтыхьым щӀыжиӀар: