20 ФӀэщхъуныгъэ иӀэти, Тхьэм къызэригъэгугъамкӀэ шэч ищӀакъым. И фӀэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъури, Тхьэм щӀыхь хуищӀащ.
Зиусхьэным къыжриӀар къехъулӀэнкӀэ зи фӀэщ хъуар гъуэгу махуэ теуващ!
Аращи, Мэссихь сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэкӀыныгъэ симыӀэми, къысхущӀэджэми, гугъуехь сшэчми, гугъуехь сагъэшэчми, гукъеуэ сиӀэми, согуфӀэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъэкӀыныгъэ симыӀэ щыхъукӀэ, лъэкӀыныгъэ нэхъ согъуэт.
Фымыжейуэ фысакъ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фытемыкӀ, лӀыгъи быдагъи зыхэвгъэлъ.
Аращи, си къуэ, ди псэм щыщ Мэссихь Хьисэ и нэфӀ къызэрыпщыхуэмкӀэ уи гур гъэбыдэ.
– Ар зэрыпэжыр дауэ къызэрысщӀэнур? – еупщӀащ Зэчрей мелыӀычым. – Сэ лӀыжь сыхъуащ, си щхьэгъусэм и ныбжьри хэкӀуэтащ.
ЦӀыху гупышхуэм ар щалъагъум, ягъэщӀэгъуащ. ЦӀыхухэм Хьисэ апхуэдэ тепщэныгъэ къезыта Тхьэм щӀыхь хуащӀащ.
ИкӀэм-икӀэжым, Зиусхьэным и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ къару зивгъэӀэ.
Ибрам и фӀэщ хъуащ Зиусхьэным жиӀар, абы къыхэкӀыуи Зиусхьэным абы щыпкъагъэ иӀэу илъытащ.