Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

18 ГугъапӀэ щыщымыӀэжым, Ибрэхьим Тхьэм щыгугъыу, фӀэщхъуныгъэ иӀащ. Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ «Уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр уафэм и вагъуэхэм хуэдизу бэгъуэнущ», жиӀэу Тхьэм абы къызэрыжриӀэгъам хуэдабзэу, Ибрэхьим лъэпкъ куэдым адэ яхуэхъуащ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:18
12 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы Ӏуэхугъуэхэм дыщыгугъыу дызэрыпэплъэм щхьэкӀэ дымыкӀуэду Тхьэм дыкъригъэлащ. Ауэ Ӏуэхуу дызыщыгугъыу дызыпэплъэхэр къэлъагъуэмэ, абы щыгъуэ абыхэм дапэплъэу дыщыткъым. И нэкӀэ илъагъум хэт щыгугъыр?


Дызэрыщыгугъым дыхущӀригъэгъуэжыркъым, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу къыдитамкӀэ абы и фӀылъагъуныгъэр ди гум ину кърилъхьащи.


Аращи, фымыгужьей, лӀы гуп. Тхьэм къызэрызжиӀам хуэдэу зэрыхъунумкӀэ абы сыщогугъ.


Тхьэм Ибрэхьим къыжриӀауэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Лъэпкъ куэдым адэ уахуэхъуну узгъэуващ». Тхьэм дежкӀэ Ибрэхьим дэ псоми ди адэщ. Тхьэращ Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зыхуиӀар – Тхьэуэ лӀахэр къэзыгъэхъужым, и лъэкӀыныгъэкӀи щымыӀэ Ӏуэхухэр къэзыгъэхъум.


– Ар зэрыпэжыр дауэ къызэрысщӀэнур? – еупщӀащ Зэчрей мелыӀычым. – Сэ лӀыжь сыхъуащ, си щхьэгъусэм и ныбжьри хэкӀуэтащ.


И фӀэщхъуныгъэм зыри хэмыщӀауэ, езыр лӀэн гъунэгъу зэрыхъуами еплъакъым, илъэсищэм нэблэгъат, Сарэ бын зэримыӀэфынуми еплъакъым.


Мэссихь дызэрыщыгугъыр быдэу икӀи дзыхь хуэтщӀу хъурзэм хуэдэу ди гум илъщ. Тхьэм и унэшхуэм и кӀуэцӀым щыфӀэлъ Ӏупхъуэм дыблэкӀыурэ, я нэхъ пэш лъапӀэм дыщӀыхьэн тлъэкӀынущ абы щхьэкӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ