Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀыну цӀыхухэмрэ къигъэгугъащ щӀылъэр я ӀыхьэфӀу къызэралъысынумкӀэ. Ибрэхьим Торэт хабзэм итхэр игъэзэщӀауэ аракъым Тхьэм а ӀыхьэфӀымкӀэ щӀигъэгугъар, атӀэ Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм къыхэкӀыу, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар арщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:13
15 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Мэссихь фызэрейм щхьэкӀэ Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм фащыщщ. Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀа цӀыхухэмрэ къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀхэр фэри къыфлъысынущ абы щыгъуэ.


Абы къикӀыр Ибрэхьим къытехъукӀа бын псори Тхьэм и бын пэжу щыткъым. Ауэ Тхьэм Ибрэхьим къызэригъэгугъам тету, абы къытехъукӀа бынхэр арщ Тхьэм Ибрэхьим и щӀэблэ пэжу илъытэр.


ИкӀи хъунущ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэр щӀылъэ пшахъуэм и бжыгъэм хуэдизу куэд; щыпсэунущ ахэр къухьэпӀэмкӀи къуэкӀыпӀэмкӀи, ищхъэрэкӀи ипщэкӀи; уэрэ уэ къыптехъукӀыну цӀыхухэмрэ фи хьэтыркӀэ си нэфӀ ящызгъэхуэнущ дунейм и лъэпкъ псоми.


Сэ къызэлъэӀуи, цӀыху лъэпкъхэри тыгъэ лъапӀэу, щӀылъэри зэрыщыту уи Ӏэ илъыну уэстынщ;


– Сэ си нэфӀ щыхуэнущ абыи, абыкӀэ къыпхуэхъунущ къуэ; Сарэ си нэфӀ щыхуэнурэ абы къытехъукӀынущ цӀыху лъэпкъхэри, цӀыху лъэпкъхэм я пащтыхьхэри къытехъукӀынущ абы.


Сэ си нэфӀ ящыхуэнущ уэ зи нэфӀ къыпщыхуэхэм, си ней ящыхуэнущ уэ зи ней къыпщыхуэхэм; уэ уи хьэтыркӀэ си нэфӀ ящыхуэнущ дунейм тет цӀыху лъэпкъ псоми!


ЦӀыху бзаджэхэм жаӀэ: «Хъунур Тхьэм дауэ къищӀа? Псоми Я Нэхъ Лъагэр абы щыгъуазэ?»


БгъэдэкӀынукъым тепщэныгъэ башыр Иудэ икӀи пщы башыр абы и къуэхэм, тыгъэ къыхуащӀыурэ, цӀыху лъэпкъхэри абы и жыӀэм едэӀуэнущ.


– Мы хъыбарыфӀыр дэ нывжыдоӀэ иджы: Тхьэм Хьисэ лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ ди адэжьхэр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэр къигъэщыпкъэжурэ, дэ, абыхэм къатехъукӀа цӀыхухэм, тхуигъэзэщӀащ.


Ибрэхьим сунэт ящӀа цӀыхухэми адэ хуэдэу яхуохъу. Абыхэми адэ хуэдэу щӀахуэхъур ахэр сунэт зэращӀа къудейм щхьэкӀэкъым, ахэр Ибрэхьим и лъэужьым техьауэ, ар сунэт ящӀыным и пэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгуу зрикӀуам ахэри зэрырикӀуэм щхьэкӀэщ.


Мелхиседек, Левий къытехъукӀа цӀыхухэм ящымыщами, Ибрэхьим зауэм къыхиха мылъкум и Ӏыхьэ пщӀанэр къыӀихащ. Абы нэмыщӀ, Мелхиседек Тхьэм ӀыхьэфӀкӀэ къигъэгугъэгъа Ибрахьим Тхьэм и нэфӀ къыщригъэхуащ.


ЦӀыхухэм ямылъэгъуа къэкӀуэну Ӏуэхухэм теухуауэ Тхьэм Нухь хъыбар къыщригъащӀэм, Нухь фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ, Тхьэм щышынэри, и унагъуэр мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, кхъухь ищӀащ. Нухь иӀа фӀэщхъуныгъэмкӀэ дунейм и цӀыхухэм я къуаншагъэр нахуэ яхуищӀащ. ФӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар и ӀыхьэфӀ хъуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ