Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Ибрэхьим сунэт ящӀа цӀыхухэми адэ хуэдэу яхуохъу. Абыхэми адэ хуэдэу щӀахуэхъур ахэр сунэт зэращӀа къудейм щхьэкӀэкъым, ахэр Ибрэхьим и лъэужьым техьауэ, ар сунэт ящӀыным и пэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгуу зрикӀуам ахэри зэрырикӀуэм щхьэкӀэщ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:12
14 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Апхуэдэу фыпсэуну Тхьэм фыкъыхуриджащ, Мэссихьи фэр щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ, и лъэужьым фрикӀуэн папщӀэ, щӀапхъэхэр фигъэлъэгъуащи.


Тит фи деж нэкӀуэну селъэӀуащ, къуэшхэм ящыщуи зы гъусэ хуэсщӀащ. Тити фи фӀагъ зригъэкӀакъым, аракъэ? Дызэнэзэпсэу а зы гъуэгум дытетакъэ?


«Ибрэхьимщ дэ ди адэр» жывмыӀэххэ! Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм хузэфӀэкӀынущ мы мывэхэми Ибрэхьим щхьэкӀэ бын къахухигъэхъукӀыну.


Зэрызэхэтхам хуэдэу, ЛъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Зиусхьэным и къалэу ди Тхьэм и къалэ. Тхьэм абы щилэжьа Ӏуэхухэр тлъэгъуащ дэ, Тхьэм игъащӀэкӀэ игъэуващ ар, щынагъуэ къылъэмыӀэсыну.


Ибрэхьим сунэт ящӀыным и пэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀам щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар къэзыгъэлъагъуэ мыхъуру икӀи дамыгъэу сунэт щӀыныр абы къыхуигъэнащ. А Ӏуэхур апхуэдэу щыщыткӀэ, Ибрэхьим сунэт ямыщӀа цӀыхуу фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм адэ хуэдэу яхуохъу, Тхьэм абыхэми щыпкъагъэ яӀэу илъытэн щхьэкӀэ.


Тхьэм Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀыну цӀыхухэмрэ къигъэгугъащ щӀылъэр я ӀыхьэфӀу къызэралъысынумкӀэ. Ибрэхьим Торэт хабзэм итхэр игъэзэщӀауэ аракъым Тхьэм а ӀыхьэфӀымкӀэ щӀигъэгугъар, атӀэ Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм къыхэкӀыу, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытар арщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ