Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Ди адэшхуэ Ибрэхьим теухуауэ сыт жытӀэнур? Езыр-езыру сыт илэжьар?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:1
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Аращи, Тхьэм къигъэгугъахэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэращ. Апхуэдэу щӀэхъуар Тхьэм дыкъызэригъэгугъахэр абы и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ къызэрыдитыр нахуэ хъун, фӀэщхъуныгъэ зиӀэу Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыху псоми Тхьэм къызэригъэгугъахэр ягъуэтын щхьэкӀэщ. Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхуу жыхуэсӀэхэр Торэт хабзэм тетхэм я мызакъуэу, Торэт хабзэм темыту Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэу иӀам хуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэри арщ. Пэжщ, Ибрэхьим дэ псоми ди адэ хуэдэу щытщ,


Ахэр журтхэ? Сэри сыжуртщ. Ахэр израил цӀыхухэ? Сэри сыизраил цӀыхущ. Ахэр Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщ? Сэри сащыщщ.


(Паул итӀанэ къыщӀигъужащ:) – Ибрэхьим къытехъукӀа си къуэшхэ, фэ нэгъуэщӀ лъэпкъхэм щыщу Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъхэ, Тхьэм цӀыхухэр мыкӀуэду къызэрыригъэлым и хъыбарыр къызылъэӀэсар дэращ.


Фи адэшхуэ Ибрэхьим си махуэр зэрилъагъуным пэплъэрт икӀи гуфӀэрт. Ар илъэгъуащ икӀи щыгуфӀыкӀащ.


Сыт-тӀэ жытӀэнур? Торэт хабзэм гуэныхь хэлъ? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. Торэт хабзэм и унафэхэр щымыӀэгъатэмэ, гуэныхьыр зыхуэдэр сщӀэнутэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт унафэм «Хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэ уи гум йомыгъэлъ», къыжимыӀэгъатэмэ, хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэр зыхуэдэр сщӀэнутэкъым.


«Ибрэхьимщ дэ ди адэр» жывмыӀэххэ! Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм хузэфӀэкӀынущ мы мывэхэми Ибрэхьим щхьэкӀэ бын къахухигъэхъукӀыну.


А псом яужкӀэ, иджыри сыт жытӀэнур? Тхьэр ди гъусэмэ, хэт къытпэувын зылъэкӀынур?


Ди адэшхуэ Ибрэхьим нэхърэ уэ унэхъыщхьэ? Ар лӀащ, бегъымбархэри лӀащ, ухэту зыплъытэжрэ уэ?


– Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхухэм дащыщщ дэ, игъащӀэм зэи зыми дрипщылӀакъым, – къыжраӀащ абыхэм. – «Щхьэхуит фыхъужынущ» жыхуэпӀэм сыт къибгъэкӀыр?


Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, абы хуэфащэ ӀуэхуфӀхэр влэжь. «Ибрэхьимщ дэ ди адэр», жывмыӀэххэ. Сэ нывжызоӀэ, Тхьэм хузэфӀэкӀынущ мы мывэхэм Ибрэхьим щхьэкӀэ бын къахухигъэхъукӀыну.


Абы нэмыщӀ, мы дунейм дытету ди адэхэм ӀурыщӀэ дащӀмэ, фӀэлӀыкӀ яхудиӀэщ. Дыпсэун щхьэкӀэ, уафэм тес ди Адэ лъапӀэм абы нэхърэ нэхъыбэу дыхуэӀурыщӀэн хуейщ.


Сыт-тӀэ жытӀэнур? Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр нэхъ къытлъигъэсын щхьэкӀэ, гуэныхь тщӀэ зэпыту дыщытыну?


А хъыбарыфӀыр зытеухуар и Къуэращ. Ар цӀыхуу къэхъуауэ, Даут пащтыхьым къытехъукӀа цӀыхухэм ящыщащ.


Ди бзаджагъэм Тхьэр зэрыщыпкъэр нэхъ къигъэнахуэмэ, сыт жытӀэнур? И губжьыр къыщытлъыскӀэ, Тхьэр мызахуэу жытӀэну? Ахэр цӀыхубзэкӀэ къыжызоӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ