14 Я жьэхэми хъуэнэным и дыджыр яжьэдэзщ.
Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэныр захуэщ, фӀыщӀагъэхэр и щӀасэщ; щыпкъагъэ зиӀэр Абы и нэӀурытщ.
Уэракъэ ӀэщӀыб дызыщӀауэ ди дзэм гъусэ къахуэмыхъур, ди Тхьэ?
Жьэм щӀыхьышхуэри мыхъумыщӀэри къыжьэдокӀ. Ар апхуэдэу щытын хуейкъым, си къуэшхэ.
Сыт хуэдэ гужьгъэжьри, къызэщӀэплъэнри, губжьынри, кӀий-гуоунри, цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьынри, сыт хуэдэ бзаджагъэри зыхэвныж.