Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 ЗэхэщӀыкӀ зиӀэ цӀыхуи щыӀэкъым, Тхьэм и гъуэгу лъыхъуэ цӀыхуи щыӀэкъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:11
25 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Зиф цӀыхухэр къакӀуэу, «Дэнэ Даут зыщигъэпщкӀуар?» жаӀэу Шаул къыщеупщӀым, Даут иуса акъылыфӀагъэ уэрэдыр.


ЗэхэщӀыкӀ димыӀэу, Тхьэм демыдаӀуэу дыпсэууэ щытащ дэри. Дыгъуэщауэ щытащ, ди гур зыщӀэхъуэпса Ӏуэху мыхъумыщӀэ куэдымрэ дызыгъатхъа Ӏуэху мыхъумыщӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэмрэ драпщылӀащ. Бзаджагъэрэ фыгъуэныгъэкӀэ дыпсэууэ, гущыкӀыгъуэу, дызэрылъагъу мыхъуу щытащ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏуэхухэм егупсыс цӀыхур Тхьэм и бий мэхъу. А цӀыхур Тхьэм и хабзэм и унафэм едаӀуэркъым, едэӀуэни хузэфӀэкӀыркъым.


Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.


Абы нэмыщӀу, Тхьэр ящӀэну зэрамыдам щхьэкӀэ, емыкӀу Ӏуэхухэр ящӀэну акъыл пхэнж яӀэу Тхьэм ахэр къигъэнащ.


Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и хъыбарыр зыгуэрым зэхихрэ, ар къыгурымыӀуэмэ, шейтӀаныр къокӀуэри, а цӀыхум игу илъ жылэфӀыр ирехыж. Мыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ.


«Гурымыкъыу фыщымыт, фи адэжьхэм Мэрыбэ деж, Массэ губгъуэ нэщӀым деж зэрыщащӀэгъам хуэдэу.


Ди Тхьэ! Си тхьэлъэӀур къызэхэх! Си псалъэм уи тхьэкӀумэ къыхуэгъазэ.


Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху зыри щыӀэкъым.


Псори Тхьэм и гъуэгу текӀащ; псоми пщӀэ ямыӀэж хъуащ. ФӀы ищӀэуи зыри щыӀэкъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ