Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху зыри щыӀэкъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:10
29 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху псоми гуэныхь ящӀащ, Тхьэм деж къикӀ щӀыхьышхуэмкӀи Ӏыхьэ яӀэкъым.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гум къикӀыр мыращ: Гупсысэ бзаджэхэр, цӀыху укӀыныр, зинэ щӀэныр, дыгъуэныр, цӀыхухэм пцӀы ятелъхьэныр, яхуэпсэлъэныр.


ЗэхэщӀыкӀ димыӀэу, Тхьэм демыдаӀуэу дыпсэууэ щытащ дэри. Дыгъуэщауэ щытащ, ди гур зыщӀэхъуэпса Ӏуэху мыхъумыщӀэ куэдымрэ дызыгъатхъа Ӏуэху мыхъумыщӀэ зэмылӀэужьыгъуэхэмрэ драпщылӀащ. Бзаджагъэрэ фыгъуэныгъэкӀэ дыпсэууэ, гущыкӀыгъуэу, дызэрылъагъу мыхъуу щытащ.


– ФӀыкӀэ сыт укъыщӀызэджэр? – жриӀащ Хьисэ а лӀым. – Тхьэм фӀэкӀа, зыри фӀы щыӀэкъым.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэу тхахэм хэтщ: «Сэ сызэрылъапӀэм хуэдэу фэри лъапӀэ фыхъун хуейщ».


Хьэуэ, игъэкӀуэдыжыфынукъым. Тхьэр сыт щыгъуи щыпкъэщ, ауэ дэтхэнэ цӀыхури пцӀыупсщ. Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Уэ, Тхьэ, псалъэу къыжыпӀэхэмкӀэ узахуэщ, уагъэкъуаншэми, уи щыпкъагъэр нахуэ хъунущ».


Ауэ хьэхэри, удыгъэм хэтхэри, зинэ зыщӀэхэри, лӀыукӀхэри, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэри, пцӀыӀуэпцӀышагъэр фӀыуэ илъагъуу зыгъэзащӀэ дэтхэнэри а къалэм зэрыдыхьэным пыкӀащ.


Ауэ къэрабгъэхэми, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэми, зызыгъэуфӀеяхэми, лӀыукӀхэми, зинэ зыщӀэхэми, удыгъэм хэтхэми, тхьэ нэпцӀ зыгъэлъапӀэхэми, пцӀыупсхэми я Ӏыхьэр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмрэ ис хыр арщ. Ар етӀуанэ лӀэныгъэрщ.


Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Тхьэм ахэр гулъытэншэ ищӀащ. Я нэхэми ямылъагъуу, я тхьэкӀумэхэми зэхамыхыу ищӀащ, нобэрей махуэм къэсыху».


Езыращ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж къысхуэзыщӀыр, быдапӀэу икӀи хъумапӀэу сиӀэр, сыхэзышыжыр, мэӀу къысхуэхъур, щхьэегъэзыпӀэу сиӀэр; цӀыху лъэпкъхэр схуэӀурыщӀэну Абы си Ӏэ кърелъхьэ.


ЗэхэщӀыкӀ зиӀэ цӀыхуи щыӀэкъым, Тхьэм и гъуэгу лъыхъуэ цӀыхуи щыӀэкъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ