ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр8 Ауэ цӀыху ерыщу, щыпкъагъэм хуэмыӀурыщӀэу, бзаджагъэм хуэӀурыщӀэхэм Тхьэм и губжьышхуэр къалъигъэӀэсынущ. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Си псалъэхэмкӀи, злэжьа ӀуэхухэмкӀи, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмрэ Ӏуэху телъыджэхэмрэ я лъэкӀыныгъэкӀи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи хамэ лъэпкъхэр Тхьэм езгъэдэӀуэну Мэссихь сигъэщӀа Ӏуэхухэм фӀэкӀа сытепсэлъыхьыну сытегушхуэркъым. Ерусалим къыщыщӀэдзауэ Иллирик хэкум нэсыху, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр дэнэкӀи цӀыхухэм нэсауэ ялъэзгъэӀэсащ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, сызэрыхуейуэ фэ фыщымыту фыкъэзгъуэту, фэри фызэрыхуейуэ сэ сыщымыту сыкъэвгъуэтынкӀэ сошынэ. Зэщыхьэныр, фыгъуэныр, губжьыныр, зэгурымыӀуэныр, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыныр, бзэгу зехьэныр, зыкъыфӀэщӀыжыныр къыфхэхъыжьэу, Ӏуэхухэр зэхэвынэ хъункӀэ сошынэ.