Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Ауэ а Ӏуэхухэр зылэжьхэр уэ бгъэкъуаншэу щыт пэтми, итӀани абыхэм ящӀам хуэдэ уэри пщӀэмэ, Тхьэм хьэкум къыптримыщӀыхьыну уи гугъэрэ?

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:3
22 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

А цӀыхухэр Тхьэм и хьэкум захуэм – апхуэдэ Ӏуэхухэр зыщӀэхэм укӀ зэрахуэфащэм – щыгъуазэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, езыхэм апхуэдэ Ӏуэхухэр зэращӀэм и мызакъуэу, а Ӏуэхухэр зылэжьхэр ягъэзахуэ.


«Иджы гузэгъэгъуэ диӀэщ, шынагъуэ зыри щыӀэкъым», цӀыхухэм щыжаӀэкӀэ, гугъуехьышхуэ ямыщӀэххэу къатехъуэнущ, фыз лъэщыджэм лъхугъэр къызэрытелъадэм хуэдэу. Абы фӀэкӀыпӀэ иӀэнукъым.


– Фызэрызэдэгуэшэну щӀыкӀэр нывжесӀэну хэт сызыгъэувар? – жриӀащ Хьисэ.


ТӀэкӀу дэкӀауэ, нэгъуэщӀ гуэрым Петр къилъагъури жиӀащ: – Уэри абыхэм уащыщщ. – Хьэуэ, щӀалэ, сэ абыхэм сащыщкъым, – жриӀащ Петр а лӀым.


Хьэмэрэ си Адэм семылъэӀуфын уи гугъэ? СелъэӀумэ, мелыӀыч дзэ пщыкӀутӀым нэхърэ нэхъыбэ къысхуигъэкӀуэнущ асыхьэту.


– Фэ, блэхэ! Фэ, блэ щылъхухэ! Жыхьэнмэр унапӀэ фхуищӀащ Тхьэм, абы дауэ фыӀэщӀэкӀын?


Абы щыгъуэ Уи гуапэ хъунщ щыпкъагъэкӀэ пхуащӀ къурмэнхэр, зэрыпсэууэ ягъэс къурмэнхэр, Абы щыгъуэ къытралъхьэнщ уи къурмэнщӀыпӀэм танэхэр.


Фысакъ, къэпсалъэм фи щӀыб хуэвмыгъазэ. Тхьэм деж къикӀ хъыбарыр щӀылъэм къыщыжызыӀэгъам зи щӀыб хуэзыгъэзахэм яхуэфащэ тезырыр ягъуэтыжащ. Аращи, уафэм къикӀыу дэ къыдэпсалъэм ди щӀыб хуэдгъазэмэ, абы нэхърэ нэхъ тхуэфащэ тезырыр дгъуэтынукъэ?


Аращи, дымыкӀуэду Тхьэм дыкъызэрыригъэлым и хъыбар лъапӀэр тфӀэмыӀуэхуу дыщытмэ, дэри тхуэфащэр Тхьэм зэрыдигъэпшыныжынум дауэ дыӀэщӀэкӀыну? Езы Зиусхьэныр арщ а хъыбарыр япэ къытхуэзыӀуэтар икӀи абы къыжиӀар зэхэзыхам а хъыбарыр къытхуагъэпэжащ.


– Хьэуэ, уэ жыхуэпӀэр сэ сщӀэркъым, – жриӀащ Петр а лӀым. Асыхьэтым, Петр и псалъэр имыух щӀыкӀэ, адакъэ Ӏуащ.


Си лъакъуэм лъахъэ къыхуагъэхьэзыращ; си гур кӀуэдыпащ; си пащхьэм щатӀащ мащэ, арщхьэкӀэ абы ихуахэр езырхэщ.


Уэ хэт ущыщми, нэгъуэщӀ зыгуэр бгъэкъуаншэмэ, зызэрыбгъэхеижын зыри щыӀэкъым. Адрейр зэрыбгъэкъуаншэмкӀэ уэ зыбогъэкъуэншэж, адрейр зэрыбгъэкъуаншэ Ӏуэхухэр уэри уолэжьри.


Апхуэдэ Ӏуэху зылэжьхэм Тхьэм щыпкъагъэм тету хьэкум зэратрищӀыхьынур дощӀэ.


Уэ ухэт, цӀыху, Тхьэм уеныкъуэкъуну? Хьэкъущыкъум ар зыщӀа цӀыхум жриӀэн: «Мыпхуэдэу сыт сыщӀэпщӀар?»


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ