Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 Хамэ лъэпкъхэм ящыщу Торэт хабзэр зимыӀэхэм гурыӀуэныгъэу яхэлъымкӀэ Торэт хабзэр щагъэзащӀэкӀэ, Торэт хабзэр яхэмылъ пэтми, хабзэр зыхуэдэр зэращӀэр къагъэлъагъуэ,

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:14
16 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэ зимыӀэу, гуэныхь зыщӀа цӀыху псоми, Торэт хабзэр ямыӀауэ щыт пэтми, кӀуэдыжынущ ахэр. Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэту, гуэныхь зыщӀа цӀыху псори Торэт хабзэм тету Тхьэм игъэкъуэншэнущ.


Абы щыгъуэ сунэт ямыщӀа цӀыхуу Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэм уэ, сунэт ящӀар, уигъэкъуэншэнущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэу тхар уэ уи Ӏэм ӀэщӀэлъ икӀи сунэт уащӀа пэтми, Торэт хабзэм итхэм уатокӀри.


Пасэ зэманым Мэссихь фи псэм щымыщу фыпсэуащ. Израил лъэпкъым фыщымыщу, Тхьэм а лъэпкъыр къызэригъэгугъа Ӏуэхухэм тещӀыхьа зэгурыӀуэныгъэхэмкӀэ Ӏыхьэ фимыӀэу хамэу фыщытащ. Гугъэ фимыӀэу, Тхьэр фымыщӀэу мы дунейм фытетащ.


БлэкӀа зэманхэм, цӀыхухэм щӀэныгъэ ямыӀэу щыщытам, Тхьэр абыхэм нэ ӀейкӀэ къеплъыгъакъым, атӀэ цӀыху псоми, дэнэ щыӀэми, я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыну унафэ къахуещӀ иджы;


Сыт хуэдэ лъэпкъым къыхэкӀауи щрет, Тхьэм и фӀэлӀыкӀыр зи гум илъыр икӀи щыпкъагъэр зыгъэзащӀэ дэтхэнэри Тхьэм ещтэ.


А цӀыхухэр Тхьэм и хьэкум захуэм – апхуэдэ Ӏуэхухэр зыщӀэхэм укӀ зэрахуэфащэм – щыгъуазэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, езыхэм апхуэдэ Ӏуэхухэр зэращӀэм и мызакъуэу, а Ӏуэхухэр зылэжьхэр ягъэзахуэ.


ЦӀыхум игукӀэ ищӀэркъэ цӀыхухъум и щхьэц кӀыхьмэ, зэремыкӀур,


ИкӀэм-икӀэжым, си къуэшхэ, сытыр щыпкъэми, сытым щӀыхь хуэфащэми, сытыр захуагъэми, сытыр къабзагъэми, сытыр гурыхьми, сытыр гуапагъэми, сытыр хабзэфӀми, сытым щӀыхь хуэфащэми – абы фегупсыс.


БлэкӀа лъэхъэнэхэм лъэпкъ псори зэрыхуейуэ я гъуэгу ирикӀуэжыну хуит ищӀащ.


Торэт хабзэм и унафэхэр я гум итхауэ зэрилъыр а цӀыхухэм наӀуэ ящӀри. Апхуэдэу зэрыщытым ягухэр щыхьэт хуохъу, а цӀыхухэм я гупсысэхэмкӀи зэ загъэкъуаншэ, зэ загъэхей.


Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэмыт цӀыхухэри Мэссихь и гъуэгу тезгъэхьэн щхьэкӀэ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэмыт цӀыхухэм хуэдэу зысщӀащ. Тхьэм и хабзэм и тепщэныгъэм сыщӀэмыту аракъым абы къикӀыр, Мэссихь и хабзэм и тепщэныгъэм сыщӀэтщ.


Дэ псори а цӀыхухэм дахэту, ди гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпсу щыта Ӏуэху мыхъумыщӀэхэм тету дыпсэуащ. Ди гуэныхьыщӀэ щэныжьымрэ ди гупсысэхэмрэ зыщӀэхъуэпсу щытар дгъэзащӀэу щытащ. Ди щэныжьым уеплъмэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэми хуэдэу, дэри Тхьэм и губжьым и тепщэныгъэм дыщӀэтащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ