Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм итхэр зэхэзыххэр аракъым Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ зиӀэр, Торэт хабзэр зыгъэзащӀэхэращ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:13
29 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, зыми зыкъевмыгъэгъапцӀэ. Щыпкъагъэр зылэжьым и гум щыпкъагъэр илъщ, Мэссихь и гум щыпкъагъэр зэрилъым хуэдэу.


Сунэт уащӀауэ ущытыным пщӀэ иӀэщ, Торэт хабзэм итхэр щыбгъэзащӀэкӀэ. Ауэ Торэт хабзэм итхэм уатекӀмэ, сунэт уащӀа пэтми, сунэт ямыщӀам ухуэдэщ.


Ауэ дэ дыжуртми, мыр дощӀэ: ЦӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъым, атӀэ Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэщ щыпкъагъэ иӀэу щӀилъытэр. Аращи, дэри МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъуащ, МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн папщӀэ. Торэт хабзэм итхэр дгъэзэщӀэным и Ӏуэху абы хэлъкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, цӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм а цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъыми.


Мэссихь щыпкъагъэр игу зэрилъыр зэрыфщӀэм щхьэкӀэ щыпкъагъэр зыгъэзащӀэр Тхьэм зэрибынри фощӀэ.


ЦӀыхум Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытэм теухуауэ Мусэ бегъымбарым мыпхуэдэу итхащ: «Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэм Торэт хабзэмкӀэ гъащӀэ иӀэнущ».


– Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыхыу зыгъэзащӀэхэращ сэ си анэри си къуэшхэри, – яжриӀащ Хьисэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы Тхьэ закъуэм нэмыщӀ, щыӀэкъым. Сунэт ящӀахэм фӀэщхъуныгъэ зэраӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм абыхэм щыпкъагъэ яӀэу илъытынущ, сунэт ямыщӀахэми я фӀэщхъуныгъэмкӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ яӀэнущ.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэми гуэныхьу телъ псори щхьэщихынущ, ауэ Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм гуэныхьхэр фщхьэщихын лъэкӀынукъым.


– Сэ нывжызоӀэ, япэ лӀым хуэмыдэу, мы лӀыр Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ игу илъу унэм кӀуэжащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, зи щхьэр зыгъэлъахъшэр Тхьэм игъэинынущ.


Езыращ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж къысхуэзыщӀыр, быдапӀэу икӀи хъумапӀэу сиӀэр, сыхэзышыжыр, мэӀу къысхуэхъур, щхьэегъэзыпӀэу сиӀэр; цӀыху лъэпкъхэр схуэӀурыщӀэну Абы си Ӏэ кърелъхьэ.


Фэ Торэт хабзэм итхэр вгъэзащӀэмэ, Тхьэм щыпкъагъэ фиӀэу филъытэн фи гугъэжурэ, Мэссихь фыбгъэдэкӀащ. Тхьэм и нэфӀи къыфлъэӀэсыжыркъым.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху псоми гуэныхь ящӀащ, Тхьэм деж къикӀ щӀыхьышхуэмкӀи Ӏыхьэ яӀэкъым.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм папщӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ иӀэ хъунукъым цӀыхум. Торэт хабзэращ гуэныхь зэрыдлэжьар къыдэзыгъэщӀэжыр.


Мы Ӏуэхухэр зэхэфщӀыкӀрэ вгъэзащӀэмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ.


МыхъумыщӀэ лъэпкъ сигукӀэ зыдэсщӀэжыркъым сэ, ауэ абы къикӀыркъым сэ лажьэ гуэри симыӀэу; си Ӏуэхум хьэкум тезыщӀыхьыр Зиусхьэныращ.


Къабзэу икӀи щыщӀэгъэнщэу Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ухуэлэжьэныр мыращ: Гузэвэгъуэм хэхуа зеиншэхэмрэ фызабэхэмрэ ядэӀэпыкъуныр, мы дунейм щызекӀуэ бзаджагъэм мысэ уимыщӀу пэӀэщӀэ зыпщӀыныр арщ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ