Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэ зимыӀэу, гуэныхь зыщӀа цӀыху псоми, Торэт хабзэр ямыӀауэ щыт пэтми, кӀуэдыжынущ ахэр. Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэту, гуэныхь зыщӀа цӀыху псори Торэт хабзэм тету Тхьэм игъэкъуэншэнущ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:12
23 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэмыт цӀыхухэри Мэссихь и гъуэгу тезгъэхьэн щхьэкӀэ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэмыт цӀыхухэм хуэдэу зысщӀащ. Тхьэм и хабзэм и тепщэныгъэм сыщӀэмыту аракъым абы къикӀыр, Мэссихь и хабзэм и тепщэныгъэм сыщӀэтщ.


Торэт хабзэм итхэр ягъэзащӀэмэ, Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум щыгугъ цӀыху псоми Тхьэм и ней къащыхуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Торэт хабзэм и тхылъым ит псори сыт щыгъуи зымыгъэзащӀэм Тхьэм и ней къыщохуэ».


Дэ ди гуэныхьыщӀэ щэныжьым и бзаджагъэм щхьэкӀэ Торэт хабзэм хузэфӀэмыкӀар Тхьэм ищӀащ. Езым и Къуэм гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм я пкъым хуэдэ пкъы иӀэу, гуэныхьхэм щхьэкӀэ къурмэныпхъэ хъуну Тхьэм къигъэкӀуащ, апхуэдэуи а пкъымкӀэ гуэныхьыр игъэкъуэншащ.


А цӀыхухэр Тхьэм и хьэкум захуэм – апхуэдэ Ӏуэхухэр зыщӀэхэм укӀ зэрахуэфащэм – щыгъуазэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, езыхэм апхуэдэ Ӏуэхухэр зэращӀэм и мызакъуэу, а Ӏуэхухэр зылэжьхэр ягъэзахуэ.


Ауэ сэ нывжызоӀэ, къемэтмахуэм гугъуехьу уэ пшэчынум нэхърэ Содом гугъуехьу ишэчынур нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.


Зыгуэр Тхьэм и унафэ псоми едаӀуэрэ, зы унафэ закъуэм текӀмэ, унафэ псоми текӀауэ къуаншагъэ илэжьауэ мэхъу.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм Тхьэм и губжьыр къехь, ауэ хабзэ унафэ здэщымыӀэм хабзэм текӀынри щыӀэкъым.


Ауэ сэ нывжызоӀэ, къемэтмахуэм фэ гугъуехьу фшэчынум нэхърэ Тиррэ Сидонрэ гугъуехьу яшэчынур нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.


Дунейм и цӀыху псори гуэныхьым и ӀэмыщӀэм зэрилъыр Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ. Апхуэдэу щӀэхъуар Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр Тхьэм къызэригъэгугъа ӀыхьэфӀыр фӀэщхъуныгъэ зиӀэ а цӀыхухэм ягъуэтыжын папщӀэщ.


– Ди щхьэщыгу ит Тхьэм къыуимытатэмэ, къызэпщӀэнӀауэ лъэкӀыныгъэ уиӀэнтэкъым, – къыжриӀащ Хьисэ. – Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, уэ сыкъыпӀэщӀэзыгъыхьам гуэныхь нэхъыбэ иӀэщ.


Тхьэм зэриухам тету икӀи а Ӏуэхур къэхъун и пэкӀэ ищӀэу зэрыщытам тету, Хьисэ къыфӀэщӀыхьащ. ЦӀыху бзаджэхэм ар жорым иревгъэӀулӀри евгъэукӀащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ