8 Мэссихь зи псэм щыщу, фӀыуэ слъагъу Амплий фӀэхъус схуефхыж.
Ди къуэшхэр фӀыуэ зэрытлъагъум щхьэкӀэ лӀэныгъэм дыӀэщӀэкӀыу гъащӀэм дызэрыхыхьар дощӀэ. Зи къуэшыр фӀыуэ зымылъагъур лӀэныгъэм ӀэщӀэлъщ.
Аращи, фэ, фӀыуэ слъагъуу, си нэкӀэ слъагъуну сызыщӀэхъуэпс си къуэшхэ, си гуфӀэгъуэри, си тажри фэращ. Фэ, фӀыуэ слъагъухэр, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, гъуэгу захуэм быдэу фытетын хуейщ.
ФӀыуэ слъагъу Епенет фӀэхъус схуефхыж. Ахаие хэкум МэссихькӀэ псом япэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуар аращ.
Фэ фи къуэшхэм фӀэкӀа зыми и Ӏэр фымыубыдмэ, егъэлеяуэ сыт фӀыгъэ фщӀэр? Хамэ лъэпкъхэми апхуэдэу ящӀэркъэ?
Си унэкъуэщу Андроникрэ Юнийрэ, лъэхъуэщым къыздыщӀэсу щытахэм, фӀэхъус схуефхыж. Ахэр апостол цӀэрыӀуэхэм ящыщщ. Си япэ абыхэм МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.
Ди гъусэу Мэссихь хуэлэжьа Урбанрэ фӀыуэ слъагъу Стахийрэ фӀэхъус схуефхыж.