Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 16:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 ФӀыуэ слъагъу Епенет фӀэхъус схуефхыж. Ахаие хэкум МэссихькӀэ псом япэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуар аращ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 16:5
20 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Лаодикие къалэм дэс къуэшхэми, Нимфани, абы и унэ щызэхыхьэ члисэ зэхуэсми фӀэхъус схуефхыж.


ди шыпхъу Апфие, Мэссихь щхьэкӀэ дэ къыддэлажьэ Архипп сымэ мы тхылъыр ныфхузотх, ди къуэш Тимофей си гъусэу.


Асие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсхэм фӀэхъус къывахыж. Зиусхьэныр фэ фи псэми абыхэм я псэми зэрыщыщым щхьэкӀэ, Акилэрэ Прискиллэрэ фӀэхъус къывахыж. Абыхэм я унэм щызэхуэс члисэ зэхуэсым щыщхэми гухуабагъэкӀэ фӀэхъус къывахыж.


Си къуэшхэ, зыгуэркӀэ сыныволъэӀу. ЗэрыфщӀэщи, Ахаие хэкум ис цӀыхухэм щыщу Стефан и унагъуэр арщ япэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуар. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм ядэӀэпыкъуным зратащ абыхэм.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ си цӀэкӀэ цӀыхуитӀ е цӀыхуищ щызэхуэскӀэ, сэри абыхэм сахэтщи.


Мыхэрщ цӀыхубзхэмкӀэ зызымыгъэуфӀеяр, ахэр къэзымыша-дэмыкӀуахэм яхуэдэщи. Щынэр дэнэ кӀуэми, абы кӀэлъокӀуэ. Мыхэращ Щынэм цӀыхухэм къахишу, зи щхьэхэр къищэхужу, Тхьэмрэ езымрэ щхьэкӀэ япэ игъэувар.


Сэ члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ, пэжыгъэкӀэ фӀыуэ слъагъу уэ, Гай лъапӀэм, мы тхылъыр ныпхузотх.


Езыр хуеяти, щыпкъагъэм и псалъэхэмкӀэ езым и бын дигъэхъуащ, езым къигъэхъуа псоми ящыщу япэ дитын щхьэкӀэ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи фӀэщу фызэрегугъур сощӀэ. Фэ, Ахаие хэкум исхэр, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу фахуэхъуну нэгъабэ лъандэрэ фызэрыхьэзырыр Македоние хэкум щыщхэм яжесӀэри, сыфщытхъуащ. Фэ фызэрегугъум къыхэкӀкӀэ абыхэм я нэхъыбэри дэӀэпыкъуэгъу хъуну тегушхуащ.


Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Мэссихь Хьисэ и апостол сыхъуащ. Ди къуэш Тимофей си гъусэу фэ, Тхьэм и члисэ зэхуэсэу Коринф къалэм щыӀэм щыщхэмрэ Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Ахаие хэку псоми щыпсэухэмрэ, мы тхылъыр ныфхузотх.


Зиусхьэным фӀыуэ хуэлажьэ цӀыхубзу Трифенэрэ Трифосэрэ фӀэхъус схуефхыж. Зиусхьэным фӀыуэ хуэлэжьа, фӀыуэ тлъагъу цӀыхубзу Персидэ фӀэхъус схуефхыж.


Македоние, Ахаие хэкухэм щыпсэууэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу Ерусалим дэсхэм ящыщ тхьэмыщкӀэхэм дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъун щхьэкӀэ, ахъшэ зэхадзэну я гуапэу мурад ящӀащ.


ХупцӀынэм и япэ Ӏыхьэр Тхьэм иратмэ, хупцӀынэ псори Тхьэм ейщ. Жыгым и лъабжьэр Тхьэм еймэ, жыг къудамэхэри Тхьэм ейщ.


Аполлос Ахаие хэкум кӀуэну мурад щищӀым, къуэшхэм а къалэм дэс цӀыхуу ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм тхылъ хуатхащ, «Аполлос ныщыкӀуэкӀэ, евгъэблагъэ», жиӀэу иту. Аполлос абы нэсри, Тхьэм и нэфӀыр зэращыхуам щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэм куэдрэ ядэӀэпыкъуащ.


Галлион зи цӀэр Ахаие хэкум и Ӏэтащхьэ щыхъум, журтхэр зэгъусэ хъущ, Паул тезэрыгуэри, хеящӀэм и пащхьэм ирашащ.


Парфие, Мидие, Елам къэралхэм щыщхэми, Месопо-тамием исхэми, хэкухэу Иудейрэ Каппадокиерэ, Понтрэ Асиерэ,


Паулрэ и гъусэхэмрэ, Асие хэкум цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щрагъэдэӀуэн мурадкӀэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хуит имыщӀауэ, Фригиемрэ Галатиемрэ я хэкум зэпрыкӀащ.


Абыхэм си псэр мыкӀуэду кърагъэлын щхьэкӀэ, езыхэм я псэхэм щысхьыжакъым. Абыхэм фӀыщӀэ яхуэзыщӀыр си закъуэкъым, хамэ лъэпкъхэм я члисэ зэхуэс псоми фӀыщӀэ щыхуащӀ. Я унэм щызэӀущӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм фӀэхъус схуефхыж.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ