Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 16:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Абыхэм си псэр мыкӀуэду кърагъэлын щхьэкӀэ, езыхэм я псэхэм щысхьыжакъым. Абыхэм фӀыщӀэ яхуэзыщӀыр си закъуэкъым, хамэ лъэпкъхэм я члисэ зэхуэс псоми фӀыщӀэ щыхуащӀ. Я унэм щызэӀущӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм фӀэхъус схуефхыж.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 16:4
17 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ФӀылъагъуныгъэр зыхуэдэр дэзыгъащӀэр мыращ: Хьисэ Мэссихь и псэр тхуитащ. Дэри ди псэр ди къуэшхэм папщӀэ ттын хуейщ.


Мэссихь и Ӏуэхум щхьэкӀэ ар лӀэныгъэм и гъунэгъу хъуауэ щытащ. Фэ къысхуэфщӀэн флъэмыкӀа Ӏуэхур къысхуищӀэн щхьэкӀэ, и псэм щымысхьу, лӀэныгъэм и гъунэгъу хъуащ ар.


Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщу, Иудей хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсхэм ящыщ цӀыхухэм я лъэужьым фытехьащ. Журтхэм абыхэм гугъуехь ирагъэшэчу зэрыщытам хуэдэу, фи лъэпкъым щыщхэм фэри гугъуехь фагъэшэчащ.


Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм папщӀэ зэхуэфхьэс ахъшэм теухуауэ мыр нывжызоӀэ. Галатие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсхэм ящӀэну зэражесӀам хуэдэу, фэри фщӀэ:


Хэти, Зиусхьэным къыхуигъэува псэукӀэм тету, и бынхэм ящыщ хъуну Тхьэм къыщыхуриджэм зэрыщытам хуэдэу псэун хуейщ. Члисэ зэхуэс псом аращ сэ яхуэсщӀ унафэр.


Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхум и пӀэкӀэ зыгуэр лӀэну фӀэщщӀыгъуейщ. ЦӀыхуфӀым и пӀэкӀэ зыгуэр лӀэнкӀи хъунщ.


Апхуэдэу, члисэ зэхуэсхэм щыщхэм фӀэщхъуныгъэшхуэ яӀэ нэхъ хъуурэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я бжыгъэм махуэ къэси хэхъуэрт.


Члисэ зэхуэсхэм ящыщхэр ягъэгушхуэурэ, Сирие, Киликие хэкухэр зэхакӀухьащ абыхэм.


Езым и ныбжьэгъухэм папщӀэ зи псэр зыт цӀыхум и фӀылъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ фӀылъагъуныгъэшхуэ щыӀэкъым.


Сэ сы-Иуанщ. Фэ, Асие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсиблым, фӀэхъус фызох. ЩыӀауэ, щыӀэу икӀи къэкӀуэну махуэхэм щыӀэну Тхьэм къыбгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес. Тхьэм и тахътэм и пащхьэм ит и псиблми Хьисэ Мэссихьи къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.


Апхуэдэурэ, Иудей, Галилей, Самарие хэку псоми щыӀэ члисэ зэхуэсхэм мамырыгъэ яӀэ хъуащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм гурэ псэкӀэ нэхъ къару ягъуэтурэ, Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀыр я гум илъурэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм игъэгушхуэурэ, ахэр нэхъыбэ хъуащ.


А тӀур Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэм хуолажьэ, я псэми еблэжыркъым.


Прискиллэрэ Акилэрэ, Хьисэ Мэссихь си гъусэу хуэлажьэхэм, фӀэхъус схуефхыж.


ФӀыуэ слъагъу Епенет фӀэхъус схуефхыж. Ахаие хэкум МэссихькӀэ псом япэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуар аращ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ