Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 16:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Прискиллэрэ Акилэрэ, Хьисэ Мэссихь си гъусэу хуэлажьэхэм, фӀэхъус схуефхыж.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 16:3
17 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Прискиллэ, Акилэ, Онесифор и унагъуэм фӀэхъус схуехыж.


Асие хэкум щыӀэ члисэ зэхуэсхэм фӀэхъус къывахыж. Зиусхьэныр фэ фи псэми абыхэм я псэми зэрыщыщым щхьэкӀэ, Акилэрэ Прискиллэрэ фӀэхъус къывахыж. Абыхэм я унэм щызэхуэс члисэ зэхуэсым щыщхэми гухуабагъэкӀэ фӀэхъус къывахыж.


Синэгуэгум гушхуэныгъэкӀэ къыщыпсалъэу щӀидзащ абы. Прискиллэрэ Акилэрэ Аполлос къэпсалъэу щызэхахым, ар я унэ яшэри, Зиусхьэным и гъуэгум теухуа хъыбарыр нэхъыфӀу къыгурагъэӀуащ.


СыныволъэӀу, апхуэдэ цӀыхухэми, абыхэм ядэлажьэхэми, я гъусэ гугъуехьакӀуэхэми фахуэӀурыщӀэ.


Ди гъусэу Мэссихь хуэлэжьа Урбанрэ фӀыуэ слъагъу Стахийрэ фӀэхъус схуефхыж.


Аращи, зи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и гъуэгу иримыкӀуэу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гъуэгу ирикӀуэ цӀыхуу, Мэссихь Хьисэ зи гум илъхэр Тхьэм зэикӀ игъэкъуэншэнукъым.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу гъащӀэ щыпкъэр къыдэзытым и хабзэм гуэныхьымрэ лӀэныгъэмрэ я хабзэм и тепщэныгъэм сыкъыщӀихыжри, щхьэхуит сищӀыжащ.


Тхьэуэ Хьисэ лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжам и Псэ ЛъапӀэр фи гум илъмэ, абы щыгъуэ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу фи гум илъым и лъэкӀыныгъэкӀэ фи пкъыу лӀэнухэми гъащӀэ къаритынущ.


Абыхэм си псэр мыкӀуэду кърагъэлын щхьэкӀэ, езыхэм я псэхэм щысхьыжакъым. Абыхэм фӀыщӀэ яхуэзыщӀыр си закъуэкъым, хамэ лъэпкъхэм я члисэ зэхуэс псоми фӀыщӀэ щыхуащӀ. Я унэм щызэӀущӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм фӀэхъус схуефхыж.


Си унэкъуэщу Андроникрэ Юнийрэ, лъэхъуэщым къыздыщӀэсу щытахэм, фӀэхъус схуефхыж. Ахэр апостол цӀэрыӀуэхэм ящыщщ. Си япэ абыхэм МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.


Мэссихь зи псэм щыщу, зи щыпкъагъэр Тхьэм игъэунэхуа Апеллэс фӀэхъус схуефхыж. Аристобул и унагъуэм исхэм фӀэхъус схуефхыж.


Аращи, Мэссихь цӀыху гуэрым и псэм щыщ хъумэ, а цӀыхур Тхьэм щӀэрыщӀэу къигъэхъужащ. А цӀыхум и дуней тетыкӀэу щытар блэкӀащ, дуней тетыкӀэщӀэм щӀидзащ.


Мэссихь зи псэм щыщ лӀы гуэр соцӀыху. Илъэс пщыкӀуплӀ и пэкӀэ Тхьэм ар ещанэ уафэм нэс дрихьеящ. Пкъым хэлъарэ хэмылъарэ сэ сщӀэркъым, ар Тхьэм ещӀэ.


Мэссихь и члисэ зэхуэсу Иудей хэкум щыӀэхэм си нэкӀу ялъэгъуатэкъыми, сацӀыхуртэкъым.


Абы нэмыщӀу, Епафродит ныфхуэзгъэкӀуэжын хуейуэ солъытэ. Ар дэ ди къуэшщ, абырэ сэрэ дызэдэлэжьащ, хъыбарыфӀми дызэгъусэу дыхущӀэкъуащ. ДэӀэпыкъуэгъу сыхуэныкъуэ щыхъум, къыскӀэлъыплъын щхьэкӀэ ар лӀыкӀуэ къысхуэфщӀащ.


ИусткӀэ зэджэ Исус фӀэхъус къывехыж. Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щхьэкӀэ къыздэлажьэ цӀыхухэм яхэт журтхэр аркъудейщ. Абыхэм ину сагъэгушхуащ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ