Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 16:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Зиусхьэныр абы и псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм зэрырагъэблэгъэн хуейм хуэдэу евгъэблагъи, зыхуэныкъуэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыхуэхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыху куэдым, сэри сахэту, дэӀэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ ар.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 16:2
25 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Зиусхьэныр фэ фи псэм зэрыщыщым хуэдэу, абы и псэми зэрыщыщым щхьэкӀэ, фыхуэгуфӀэу фыкъыпежьэ. Абы хуэдэ цӀыхухэм щӀыхь яхуэфщӀ,


Псом япэрауэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым хуэфащэу фыпсэу. Абы щыгъуэ сынакӀуэу фыслъагъумэ, е сынэмыкӀуэми, фи хъыбарыр зэхэсхмэ, зэнэзэпсэу захуагъэм пэжкӀэ фытету, фи фӀэщ хъуа хъыбарыфӀым щхьэкӀэ фызэгурыӀуэу фызэрызэдэлажьэри,


Фи деж зыгуэр къакӀуэу, Мэссихь дигъэщӀа Ӏуэхугъуэхэм яхуэмыдэ фигъэлэжьмэ, ар фи унэм щӀэвмыгъэхьэ, фӀэхъуси евмых.


Сэ сыбдэлажьэу сыплъытэмэ, сэ уэ укъызэрыспегъуэкӀынум хуэдэу, абыи пегъуэкӀ.


Си псэм хуэдэу фӀыуэ слъагъу хъуа а цӀыхур иджы ныпхузогъэкӀуэж.


Фызыжьхэри ущий Тхьэм и бзылъхугъэ лъапӀэхэм яхуэфащэу псэуну, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятемыпсэлъыхьыну, фадэм зыдрамыгъэхьэхыну икӀи фӀыр зыхуэдэр цӀыхухэм ирагъащӀэну.


Къемэтмахуэм Зиусхьэным гущӀэгъу къыхурещӀ. Ефес къалэм куэдрэ къыщыздэӀэпыкъуу зэрыщытар уэ фӀыуэ уощӀэ.


атӀэ фӀы щӀэнымкӀэ зрагъэщӀэращӀэ, «Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъщ», жызыӀэ цӀыхубзхэм зэрахуэфащэм хуэдэу.


Лъэхъуэщым къыздыщӀэс Аристарх фӀэхъус къывехыж. Варнавэ и унэкъуэщ Марки фӀэхъус къывехыж. Марк теухуауэ унафэ фхуэсщӀащ: Фи деж накӀуэмэ, екӀуу евгъэблагъэ.


Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм зэрахуэфащэращи, зинэ щӀэным, сыт хуэдэ гуфӀеягъэми е нэпсеягъэми я гугъу фи зэхуакум щыфщӀ хъунукъым.


Гайуэ, сэ, Паул, си бысымми, члисэ зэхуэсым зэкӀэ ди бысымми фӀэхъус къывехыж. Къалэм и ахъшэр зи ӀэмыщӀэ илъ Ерастрэ ди къуэш Квартрэ фӀэхъус къывахыж.


Ди гъусэу Мэссихь хуэлэжьа Урбанрэ фӀыуэ слъагъу Стахийрэ фӀэхъус схуефхыж.


Аращи, фэ Мэссихь фызэридам хуэдэу, фэри зым зыр вдэн хуейщ, цӀыхухэм Тхьэм щӀыхь хуащӀын щхьэкӀэ.


Петр абы и Ӏэр иубыдри къигъэтэджыжащ. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэмрэ фызабэхэмрэ къриджэри, Тавифэ псэууэ яритыжащ итӀанэ.


Петр къэтэджри, абыхэм я гъусэу кӀуащ. Иоппие къалэм щынэсым, унэм и етӀуанэ къатым драшеящ. Фызабэ псоми Петр къаувыхьри, Тавифэ я гъусэу щыщытам щыгъуэ абы щыгъыну идауэ хъуар гъуэгыурэ кърагъэлъэгъуащ.


Иоппие къалэм ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхубз гуэр, Тавифэ и цӀэу, дэст. (Тавифэм къикӀыр «Мэз бжэнщ».) Абы фӀы куэд ищӀэрт, псапэ илэжь зэпытт.


– Пащтыхьым абыхэм жэуап яритынущ: «Пэжыр нывжызоӀэ, си къуэш* я нэхъ цӀыкӀу дыдэхэм ящыщ гуэрым хуэфщӀар сэ къысхуэфщӀауэ мэхъу».


– Зиусхьэн, – жиӀащ Ананий, – мы лӀым уэ уи цӀыху лъапӀэу Ерусалим дэсхэм ярищӀа хьэкӀэкхъуэкӀагъэр зыхуэдизыр куэдым къызжаӀащ.


Зиусхьэным Ананий къыжриӀащ: – КӀуэ! Хамэ лъэпкъхэми, пащтыхьхэми, израил цӀыхухэми си цӀэм и хъыбар ялъигъэӀэсыну а лӀыр сэ хэсхащ.


Филолог, цӀыхубзу Юлие, Нирей, абы и шыпхъу Олимпан сыми, абыхэм я гъусэу Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми фӀэхъус схуефхыж.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ