1 Ди шыпхъуу Фэбэ зи цӀэу, Кенхрей къалэм и члисэ зэхуэсым дэӀэпыкъуэгъу хуэхъум, фи пащхьэм сыщыщытхъуну сыхуейщ.
Паул Коринф къалэм махуэ куэдкӀэ щыӀа нэужь, къуэшхэм я Ӏэр иубыдыжри, Прискиллэрэ Акилэрэ щӀыгъуу, Сирие хэкум кӀуэну кхъухьым итӀысхьащ. Паул и щхьэр Кенхрей къалэм джафэу щригъэупсащ. ЩӀригъэупсар тхьэ иӀуати, арщ.
Фи зы къуэш гуэрым е фи зы шыпхъу гуэрым щыгъыни махуэм ишхыни имыӀэу жытӀэнщ.
цӀыхубз нэхъыжьхэми анэхэм уазэрыдэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу ядэгъуэгурыкӀуэ, цӀыхубз ныбжьыщӀэхэми шыпхъухэм уазэрыдэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу гукъабзагъэ псомкӀи ядэгъуэгурыкӀуэ.
сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хэту щытми, си Адэу уафэм щыӀэр зыхуейр зыгъэзащӀэр арщ сэ си къуэшри, си шыпхъури, си анэри.
Дызыщытхъужыну къэдублэрэ аргуэру? Е зыгуэрым къыфхуитхауэ е фэ фтхауэ къытщытхъу тхылъ гуэр дыхуэныкъуэ, цӀыху гуэрхэр зэрыхуэныкъуэм хуэдэу?
пщы Ирод и унэзехьэу Хузэ зи цӀэм и фыз Иуаннэ, Сусаннэ, нэгъуэщӀ куэди. А цӀыхубзхэр я мылъкумкӀэ Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ дэӀэпыкъуэгъу яхуэхъурт.
ди шыпхъу Апфие, Мэссихь щхьэкӀэ дэ къыддэлажьэ Архипп сымэ мы тхылъыр ныфхузотх, ди къуэш Тимофей си гъусэу.