ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 15:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр8 Сэ жызоӀэ, и фӀагъ журтхэм яригъэкӀын щхьэкӀэ, Хьисэ Мэссихь къэкӀуащ. И фӀагъ абыхэм яригъэкӀыну къыщӀэкӀуар ди адэшхуэхэр Тхьэм къызэригъэгугъэгъа Ӏуэхухэр Хьисэ, пэжу къыщӀигъэкӀыжэурэ Тхьэм и щыпкъагъэр ригъэлъагъун щхьэкӀэщ. အခန်းကိုကြည့်ပါ။ |
Аращи, Тхьэм къигъэгугъахэр фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэращ. Апхуэдэу щӀэхъуар Тхьэм дыкъызэригъэгугъахэр абы и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ къызэрыдитыр нахуэ хъун, фӀэщхъуныгъэ зиӀэу Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыху псоми Тхьэм къызэригъэгугъахэр ягъуэтын щхьэкӀэщ. Ибрэхьим къытехъукӀа цӀыхуу жыхуэсӀэхэр Торэт хабзэм тетхэм я мызакъуэу, Торэт хабзэм темыту Ибрэхьим фӀэщхъуныгъэу иӀам хуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэри арщ. Пэжщ, Ибрэхьим дэ псоми ди адэ хуэдэу щытщ,