7 Аращи, фэ Мэссихь фызэридам хуэдэу, фэри зым зыр вдэн хуейщ, цӀыхухэм Тхьэм щӀыхь хуащӀын щхьэкӀэ.
– Фэ фезыгъэблагъэм сэри сригъэблэгъауэ мэхъу икӀи сэ сезыгъэблагъэм сэ сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу.
– УнафэщӀэ фхузощӀ: ФӀыуэ фызэрылъагъу. Сэ фӀыуэ фызэрыслъагъум хуэдэу, фэри фӀыуэ фызэрылъагъу.
Мэссихьщ фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ Тхьэм и нэфӀ къытщыхуэну гъуэгу къытхузэӀузыхар. Тхьэм и нэфӀыр къытлъигъэс зэпытщ, езым и щӀыхьышхуэмкӀи къытлъысыну Ӏыхьэм дыщыгугъыурэ дызэрыпэплъэм щхьэкӀэ догуфӀэ.
Фэ фи гур къигъэплъэжынуи Тхьэм солъэӀу. Апхуэдэу сыщӀелъэӀур Тхьэм фыкъызыхуриджа гугъэр фщӀэн щхьэкӀэщ. ИтӀани езым и цӀыху лъапӀэхэм драгъусэу щӀыхьышхуэ зиӀэ Ӏыхьэшхуэу Тхьэм къытлъигъэсри фщӀэн щхьэкӀэщ сыщӀелъэӀур.
– Мы сабийр сэ си цӀэкӀэ езыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сригъэблэгъауэ мэхъу, сэ сезыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ фщыщу нэхъ цӀыкӀуращ нэхъ ин дыдэр.
– Мыпхуэдэ сабийр си цӀэкӀэ езыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сригъэблэгъауэ мэхъу; сэ сезыгъэблагъэ дэтхэнэми иригъэблагъэр си закъуэкъым, сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу.
Ауэ фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ я мыгуапэу жаӀащ: – Мы лӀым гуэныхь зыщӀэхэр зригъэгъусэщ икӀи абыхэм ядошхэ.
Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар дэ, Мэссихь щыгугъыу япэ пэплъэхэм, Тхьэм и щӀыхьышхуэм фӀыщӀэ хуэтщӀын щхьэкӀэщ.
Абы нэмыщӀуи, Хьисэ и фӀагъ абыхэм яригъэкӀыну къыщӀэкӀуар хамэ лъэпкъхэм Тхьэм и гущӀэгъум папщӀэ щӀыхь хуаригъэщӀын щхьэкӀэщ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Абы щхьэкӀэ, уэ, си Зиусхьэн, хамэ лъэпкъхэм сахэту уи щӀыхьыр сӀэтынущ, щӀыхь уэрэдхэри уи цӀэкӀэ къыжысӀэнущ».
Адэ лъапӀэм къызит цӀыху псори си деж къэкӀуэнущ, си деж хэт къакӀуэми, сэ збгъэдэзгъэкӀыжынукъым.
Зым зыр ирешыӀэ икӀи зым зым гукъанэ гуэр хуиӀэмэ, зэхуэвгъэгъу. Мэссихь къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу, фэри зэхуэвгъэгъу.