Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 15:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Мэссихьи езым и фӀагъ зригъэкӀыжакъым, ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «Уэ, си Тхьэм, къыпхущӀэджащ, ауэ жаӀахэр сэ къыстехуащ».

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 15:3
19 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Езым зигъэлъахъшэри, щылӀэнум нэсыху, Тхьэм хуэӀурыщӀащ, жорым щыкӀэрылӀыхьам нэсыху.


– Сэ си шхыныгъуэр сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр злэжьыну, абы и Ӏуэхур нэзгъэсыну аращ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


Сэ сызыхуейр сщӀэну аракъым уафэм сыкъыщӀехар, атӀэ сэ сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр сщӀэн щхьэкӀэщ.


Зыри злэжьын слъэкӀынукъым сэр-сэру, Тхьэм къыжиӀэу зэрызэхэсхым хуэдэущ, цӀыхухэм хьэкум зэратесщӀыхьыр. Сэ ятесщӀыхь хьэкумыр захуэщ, сэ сызыхуейракъым злэжьыр, сэ сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейращ злэжьыну зи ужь ситыр.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къызэрытщыхуар фощӀэ. Ар хуэкъулейуэ щыта пэтми, дэр щхьэкӀэ тхьэмыщкӀэ хъуащ, и тхьэмыщкӀагъэмкӀэ фэ бей фыхъун щхьэкӀэ.


СыкъэзыгъэкӀуар си гъусэщ сэ, си закъуэу сыкъигъэнакъым, абы игъуэу илъытэ Ӏуэхухэр сэ сыт щыгъуи согъэзащӀэри.


Хьисэ етӀуанэуи ӀукӀри, Тхьэм елъэӀуурэ жиӀащ: – Си Адэ, мы гугъуехь шэчыным и фалъэр сӀыпх мыхъунумэ, уэ узэрыхуейуэ ирехъу.


ЕджакӀуэр езыгъаджэм хуэдэ хъумэ, ар хурикъунущ, унэӀутри и тепщэм хуэдэ хъумэ, ар хурикъунущ. Унэр зейм ВелзевулкӀэ щеджэкӀэ, унагъуэм исхэми абы нэхъри нэхъ Ӏеиж хужаӀэнкъэ?


НэгъуэщӀ зыми имылэжьа Ӏуэхушхуэхэр абыхэм я пащхьэм сэ щызмылэжьатэмэ, абыхэм гуэныхь яӀэнутэкъым. Ауэ а злэжьа Ӏуэхушхуэхэр ялъэгъуа пэтми, сэри си Адэри дыкъалъагъу мыхъу хъуащ.


Фэ си унафэхэр щывгъэзащӀэкӀэ, сэ фэри сыт щыгъуи фӀыуэ фыслъагъунущ, си Адэм и унафэхэр зэрызгъэзэщӀам щхьэкӀэ, абы сыт щыгъуи фӀыуэ сызэрилъагъум хуэдэу.


Хьисэ тӀэкӀу ӀукӀуэтщ, щӀым бгъэгукӀэ зытридзэри, Тхьэм елъэӀуу жиӀащ: – Си Адэ, хъуну щытмэ, мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. АтӀэми сэ сызэрыхуейр мыхъуу, уэ узэрыхуейр ирехъу.


Хьисэ и гъусэу жорхэм ираӀулӀа хъунщӀакӀуэхэри къебгырт абы.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ