2 Дэ тщыщу хэти и гъунэгъум фӀы хуищӀэурэ, арэзы ищӀын хуейщ, гурэ псэкӀи нэхъ лъэкӀыныгъэ иригъэгъуэтын хуейщ.
Езым и фӀагъ зыхэлъым и ужь иремыт хэти, атӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм я фӀагъ зыхэлъым и ужь ирырет.
Аращи, зэгурыӀуэныгъэ къэзыхь Ӏуэхухэми гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ зэрыдгъуэт Ӏуэхухэми я ужь дивгъэт.
Сэри сщӀэ Ӏуэху псомкӀи цӀыху псоми я гум сызэрырихьыным сыхэтщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ си фӀагъкъым зи ужь ситыр, атӀэ цӀыху куэдым я фӀагъщ, ахэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлын щхьэкӀэ.
ФӀылъагъуныгъэм хабзэншагъэ зэрихьэркъым, езым и щхьэм и фӀагъ къилъыхъуркъым, зигъэгусэркъым, бзаджагъэми егупсысыркъым.
«Сыт ищӀысри тщӀэну дыхуитщ», жаӀэ цӀыхухэм. Ар пэжщ, ауэ Ӏуэху псори дэӀэпыкъуэгъу къытхуэхъуркъым. Сыт ищӀысри тщӀэну дыхуитщ, ауэ псоми я фӀагъ къыдэкӀыркъым.
Ауэ Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьэурэ, ахэр жызыӀэр цӀыхухэм йопсалъэ, гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ ярегъэгъуэт, ягурегъаӀуэ икӀи егъэгушхуэ.
Сыт итӀанэ, си къуэшхэ? ФыщызэхуэскӀэ, зым тхьэщӀыхь уэрэд жреӀэ, адрейм Ӏуэху гуэр фрегъащӀэ, нэгъуэщӀми Тхьэм къыхуигъэнэхуа Ӏуэху гуэр къреӀуатэ, зыр имыщӀэ бзэкӀэ ирепсалъэ, адрейм ар зэрыредзэкӀ. Мы Ӏуэху псоми гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ фагъэгъуэтыну ирехъу.
Мыпхуэдизу мыбы дыщӀыхэтыр фи пащхьэм зыщыдгъэхеиныр арауэ фи гугъэрэ? Ауэ Мэссихь ди псэм щыщу Тхьэм и пащхьэм дыщыпсэлъащ, икӀи, фӀыуэ слъагъухэ, мы Ӏуэху псори щӀэтщӀэр гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ фэдгъэгъуэтын щхьэкӀэщ.
ЛъэкӀыныгъэ димыӀэми, фэ лъэкӀыныгъэ фиӀэ щыхъукӀэ, догуфӀэ. Фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фищӀыну, Тхьэм долъэӀу.
Ахэр щӀигъэувар и цӀыху лъапӀэхэм езым хуэлэжьэну лъэкӀыныгъэ яритын, Мэссихь и пкъым щыщхэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ яригъэгъуэтын папщӀэщ.
ЕмыкӀу псалъэ фи жьэм къыжьэдэвмыгъэкӀ, адрей цӀыхухэм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ евгъэгъуэтурэ, псалъэфӀхэр фи жьэм къыжьэдэвгъэкӀ, а псалъэхэр зэхэзых цӀыхухэм фи фӀагъ евгъэкӀын щхьэкӀэ.