Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 14:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 Мэссихьи лӀэщ, лӀахэм къахэтэджыкӀыжри къэпсэужащ. КъыщӀэпсэужар псэухэмрэ лӀахэмрэ я Зиусхьэн хъуну аращ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 14:9
20 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ГъащӀэ зиӀэр сэращ. СылӀащ, ауэ иджы сыпсэущ икӀи игъащӀэкӀи сыпсэунущ. Ӏэмин. ЛӀэныгъэми хьэдрыхэми я ӀункӀыбзэхэр сӀыгъщ.


– И щӀыхьышхуэр иӀэ хъун папщӀэ, абы нэсыху, мы гугъуехьхэр ишэчын хуеякъэ Мэссихь?


Хьисэ ди нэхэр тедвгъэгъэт. Аращ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум дытезыгъэхьэу, пашэ къытхуэхъуу ди фӀэщхъуныгъэр нэгъэса зыщӀыр. И пащхьэм илъу щыта гуфӀэгъуэм щхьэкӀэ, цӀыхухэм жорым зэрыраӀулӀам и гугъуехь ишэчащ, жорым и емыкӀуми еплъакъым ар, Тхьэм и тахътэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.


Тхьэм и пащхьи, псэухэмрэ лӀахэмрэ хьэкум ятезыщӀыхьыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и пащхьи, Мэссихь дунейм къызэрыкӀуэжынумкӀи, абы тепщэныгъэу иӀэмкӀи быдэу унафэ ныпхузощӀ:


Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр едгъэдэӀуэнуи, псэухэми лӀахэми хьэкум ятезыщӀыхьыну Тхьэм къигъэувар зэры-Хьисэ щыхьэт дытехъуэну Тхьэм унафэ къытхуищӀащ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ябгъэдыхьэри яжриӀащ: – Уафэми щӀылъэми тепщэныгъэ псори щызиӀэу си ӀэмыщӀэ илъщ.


Ауэ псэухэми лӀахэми хьэкум ятезыщӀыхьыну Тхьэм жэуап иратын хуейщ абыхэм куэд дэмыкӀу.


ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ ищӀащ Мэссихь. Тхьэращ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжар, щӀыхьышхуэри къезытар. Абы и фӀыгъэкӀэ ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуащ икӀи Тхьэм фыщогугъ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь фӀылъагъуныгъэу къытхуиӀэм дызэщӀиубыдащ. Зы цӀыху закъуэр цӀыху псоми я пӀэкӀэ зэрылӀам дыщогугъ, аращи псори дылӀауэ добж.


Тхьэм израил цӀыхухэм ялъигъэӀэса хъыбарыфӀыр фэ фощӀэ. Ар мыпхуэдэу жызыӀэ хъыбарыфӀырщ: Хьисэ Мэссихьу цӀыху псоми я Зиусхьэнырщ цӀыхухэр Тхьэм езыгъэкӀужыр.


Смирнэ къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: Япэрейуэ икӀи Иужьрейуэ, лӀэуэ къэхъужам мы псалъэхэр жеӀэ:


– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, гуэдз хьэдзэр щӀым хэхуэурэ мылӀэмэ, зэрыхьэдзэу къонэж, ауэ щӀым хэхуэурэ лӀэмэ, щӀым къыхэбэгъукӀынущ.


Уи жьэкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм Хьисэ Зиусхьэну зэрыщытыр щыжыпӀэмэ, Тхьэм ар лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ фӀэщхъуныгъэ гурэ псэкӀэ уиӀэмэ, умыкӀуэду Тхьэм укъригъэлынущ.


Хьисэ лӀэуэ, лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжамкӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэщ. Аращи, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэу лӀахэр абы щӀыгъуу Тхьэм езым и деж зэришэнур ди фӀэщ мэхъу.


Хьисэ, и фӀагъ къыдигъэкӀын щхьэкӀэ, лӀащ, къыщыкӀуэжкӀэ, дыпсэуми дылӀами, абы дригъусэу дыпсэун папщӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ