Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 14:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Шхэм мышхэр зэримыпэсу хъунукъым. Мышхэми шхэр игъэкъуаншэ хъунукъым, Тхьэм а цӀыхури идащи.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 14:3
20 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Уи къуэшыр сыт щӀэбгъэкъуаншэр? Уэ уи къуэшыр сыт щӀызумыпэсыр? Дэ псори Тхьэм и пащхьэм диувэн хуейщ, хьэкум къыттрищӀыхьыну.


Езыхэм ягу щыпкъагъэ илъу залъытэжу, ауэ нэгъуэщӀхэр зэзымыпэс цӀыху гупым мы ущие хъыбарыр яхуиӀуэтащ Хьисэ:


Аращи, дэ зыр зым дгъэкъуэншэн хуейкъым. Зыгъэлъэпэрэпэну мывэ е гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэху гуэр фи къуэшым и гъуэгум тевмылъхьэну фи гум теубыдагъэ илъын хуейщ.


Петр мыпхуэдэу жиӀэу щӀидзащ итӀанэ: – Тхьэр цӀыхум и фэм емыплъу, цӀыху псори и зэхуэдэу зэрыщытыр къызгурыӀуащ.


Лы умышхыныр, фадэ уемыфэныр, уи къуэшым и гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ теплъхьэну ухэмытыныр, е абы гуэныхь ищӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхум ухэмытыныр фӀыщ. Апхуэдэу, уи къуэшым зыри лъэмыкӀыж зыщӀ Ӏуэхуми ухэмытыныр фӀыщ.


Уэ шхыну пшхым щхьэкӀэ уи къуэшым и жагъуэ пщӀымэ, фӀылъагъуныгъэм тету упсэуркъым. Уэ шхыну пшхымкӀэ уи къуэшу Мэссихь зыхуэлӀар зыфӀумыгъэкӀуэд.


– Фысакъ, мы цӀыкӀухэм ящыщ зыри нэмыплъ евмыт; сэ нывжызоӀэ, мы цӀыкӀухэм я мелыӀыч уафэгурысхэм си Адэу уафэм щыӀэм и нэгур зэпымыууэ ялъагъури.


Петр мы псалъэхэр здыжиӀэм, ахэр зэхэзыха псоми Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къахуехащ.


Иуан и гъуэгу ирикӀуэхэр Хьисэ деж къакӀуэри, къыжраӀащ: – Фарисейхэмрэ дэрэ куэдрэ донэщӀ. Уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэр щхьэ мынэщӀрэ?


ХытӀыгум щыпсэухэр гуфӀэгъуэшхуэкӀэ къытпежьащ. Уэлбанэшхуэу икӀи щӀыӀэу зэрыщытым щхьэкӀэ, мафӀэ ящӀри, псори драгъэблэгъащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм журтхэр имыдэ щыхъум, дунейм тет нэгъуэщӀ цӀыхухэр езым зригъэкӀужащ. Тхьэм журтхэр аргуэру щызришэлӀэжкӀэ, дауэ зэрыхъунур? Ар лӀахэр къызэрытэджыжынум хуэдэнущ.


ФӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэр гъусэ фщӀы, и Ӏуэху еплъыкӀэкӀэ фемыныкъуэкъуу.


Аращи, фэ Мэссихь фызэридам хуэдэу, фэри зым зыр вдэн хуейщ, цӀыхухэм Тхьэм щӀыхь хуащӀын щхьэкӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ