Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 14:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Зы цӀыхум сыт ищӀысри ишхыну зэрыхуитымкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэщ, ауэ фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэм хадэхэкӀхэм фӀэкӀа ишхыркъым.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 14:2
18 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм къигъэщӀа псори фӀыщ. Тхьэм фӀыщӀэ хуэпщӀурэ къабыл пщӀымэ, зыри хэбдзыж хъунукъым.


Зиусхьэну Хьисэ си псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ шхын гуэр зэрымыхьэрэмыр сощӀэ, фӀэкӀыпӀэ имыӀэуи си фӀэщ мэхъу. Ауэ зыгуэрым хьэрэму илъытэмэ, езымкӀэ хьэрэм мэхъу.


Ӏуэху гъэщӀэгъуэн зэхуэмыдэу цӀыхухэм адрейхэр зрагъаджэхэм зыдевмыгъэхьэх. Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ фигухэр вгъэбыдэмэ, фӀыщ, ауэ шхыныгъуэхэм теухуа унафэхэм пщӀэ яӀэкъым. А унафэхэм ятету ирикӀуэ цӀыхухэм абыхэм я фӀагъ ирагъэкӀакъым.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Екъуб деж лӀы гуэрхэр къикӀын и пэкӀэ, Петр мыжуртхэм ядэшхэу щытащ. Ауэ а лӀыхэр къыщыкӀуэм, Петр къикӀуэтыжри, и щӀыбагъыр мыжуртхэм яхуигъэзащ, сунэт ящӀахэм ящышынати.


Псэууэ зекӀуэ псори фхуэхъунущ шхын; удз щхъуантӀэр зэрывэстам хуэдэу фызот ахэр фэ.


А тыгъэхэри а къурмэнхэри зэпха Ӏуэху къудейхэр шхэнми ефэнми я Ӏуэхумрэ диным теухуауэ зэхуэмыдэ щӀыкӀэу цӀыхухэм зызэрагъэкъэбзэжын Ӏуэхумрэщ. Ахэр цӀыхухэм япкъхэм епха унафэщ; Тхьэм Ӏуэху псори зэрихъуэкӀыжыхущ, а унафэхэр щыӀэн зэрыхуейр.


Зигу къабзэ цӀыхухэм я дежкӀэ псори къабзэ мэхъу, ауэ зигу мыкъабзэ цӀыхухэм я дежкӀи, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я дежкӀи къабзэ зыри щыӀэкъым. Я акъылри ныкъуэщ. Ягухэми ери фӀыри зэхагъэкӀыфыркъым.


Гурыщхъуэ фымыщӀэу бэзэрым щащэ псори фшхы.


ЖиӀащ итӀанэ Тхьэм: – Аращи, Сэ фэстащ щӀылъэ псом сыт хуэдэ удз тетми, а псоми я жылэ къызыхэкӀ удз зэмылӀэужьыгъуэхэри, жылэ къэзыт пхъэщхьэмыщхьэ жыг лӀэужьыгъуэ псори; ахэр шхыныгъуэ фхуэхъунущ.


ФӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэр гъусэ фщӀы, и Ӏуэху еплъыкӀэкӀэ фемыныкъуэкъуу.


Шхыным щхьэкӀэ Тхьэм и Ӏуэхур умыгъэкӀуэд. Шхын псори хьэлэлщ, ауэ уэ пшхы шхынымкӀэ зыгуэрым и гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ теплъхьэмэ, гуэныхь мэхъу.


Дэ, фӀэщхъуныгъэшхуэ зиӀэхэр, ди фӀагъым и ужь димыту, фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм я хьэлъэхэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу дахуэхъун хуейщ.


Ауэ фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм я гъуэгум фи щхьэхуитыныгъэр ахэр зыгъэлъэпэрэпэн мывэ щахуэмыхъуным фыхуэсакъ.


ФӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэ мащӀэ зиӀэхэм хуэдэу зысщӀащ. Лъэныкъуэ псомкӀи цӀыху псоми хуэдэу зысщӀащ, нэгъуэщӀ мыхъуми, цӀыху гуэрхэр мыкӀуэду къелын щхьэкӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ