Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 13:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 ФӀыуэ фызэрылъагъуным и щӀыхуэм нэмыщӀ, зым и щӀыхуи зытевмыгъэлъ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи гъунэгъур фӀыуэ зылъагъум Торэт хабзэр егъэзащӀэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 13:8
12 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

Зи гъунэгъур фӀыуэ зылъагъум и ягъэ иригъэкӀыркъым. Аращи, фӀылъагъуныгъэ уиӀэмэ, Торэт хабзэр бгъэзащӀэу арщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм ит псори мы зы унафэ закъуэм къеубыд: «Уэ уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу».


Аращи, цӀыхухэр фэ къыфхущытыну фызэрыхуейм хуэдэу, фэри абыхэм фахущыт сыт щӀыгъуи. Аращ Торэт хабзэми бегъымбархэм ятхахэми къарыкӀыр узыхуаущийр.


Аращи, цӀыху псоми яхуэфащэр ефтыж. ЦӀыхухэм тралъхьэ хьэкътынырамэ, ар ефтыж; хьэпшыпхэм тралъхьэ хьэкътынырамэ, ари ефтыж; гъэлъэпӀэныгъэрамэ, вгъэлъапӀэ; лъытэныгъэрамэ, лъытэныгъэ яхуэфщӀ.


Тхьэм и псалъэу тхахэм хэту, ди пащтыхьым и унафэу, «Уэ уи щхьэр фӀыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фӀыуэ лъагъу», жыхуиӀэр вгъэпэжмэ, фӀы фощӀэ.


Псом япэрауэ, фӀылъагъуныгъэр фи гум ивгъэлъ. ФӀылъагъуныгъэращ зыуэ фыщытыну икӀи фи щыпкъагъэм щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу, цӀыху нэгъэса фыхъуну фэ псори фызэзыпхыр.


– УнафэщӀэ фхузощӀ: ФӀыуэ фызэрылъагъу. Сэ фӀыуэ фызэрыслъагъум хуэдэу, фэри фӀыуэ фызэрылъагъу.


Мы унафэр щӀэтщӀыр мыращ: Гу къабзэу мыхъумыщӀагъэу зыри зыдэзымыщӀэжымрэ фӀэщхъуныгъэ щыпкъэмрэ къарыкӀ фӀылъагъуныгъэр диӀэ хъун щхьэкӀэщ.


Тхьэм и бынхэри шейтӀаным и бынхэри зэрызэхэпщӀыхукӀынур мыращ: Щыпкъагъэр зылэжь дэтхэнэри Тхьэм и бынхэм ящыщкъым, апхуэдэ дыдэу, зи къуэшыр фӀыуэ зымылъагъур Тхьэм и бынхэм ящыщкъым.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ