2 Аращи, тепщэныгъэ зиӀэхэм япэув цӀыхур Тхьэм игъэува цӀыхухэращ зыпэувыр. Апхуэдэу зыщӀэхэм къуаншагъэ зылъагъэсыж.
Зиусхьэным и гъуэгум фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ тепщэныгъэ зиӀэ цӀыху псоми фахуэӀурыщӀэ: псоми я тепщэ пащтыхьыр арами, абыи фыхуэӀурыщӀэ,
Уи цӀыхухэм ягу къэгъэкӀыж Ӏэтащхьэхэмрэ тепщэныгъэ зиӀэхэмрэ яхуэӀурыщӀэн, едэӀуэн, фӀы щӀэн дэтхэнэми хуэхьэзырын зэрыхуейр.
Си къуэшхэ, фэ фщыщ куэдыӀуэ дин егъэджакӀуэ хъуным щӀремыкъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ егъэджакӀуэхэм Тхьэм хьэкуму къыттрищӀыхьынур хьэкум нэхъ ткӀийуэ зэрыщытыр фощӀэ.
Аращи, тепщэныгъэ зиӀэхэм уахуэӀурыщӀэн щӀыхуейр къыпхуэфащэ гугъуехьыр Тхьэм къыптрилъхьэнкӀэ узэрыщышынэ къудейр аракъым, атӀэ уахуэӀурыщӀэну зэрытэрэзыр уигукӀэ зэрыпщӀэри абы хэтщ.
Фызабэхэм я унэхэр къытрах. ЦӀыхухэр зыщагъэтхъун щхьэкӀэ, я тхьэлъэӀухэр кӀыхь ящӀ. Ахэр хуабжьу игъэпшынэнущ Тхьэм.
Фызабэхэм я унэхэр къытрах. ЦӀыхухэм зыщагъэтхъун щхьэкӀэ, я тхьэлъэӀухэр кӀыхь ящӀ. Ахэр хуабжьу игъэпшынэнущ Тхьэм.
– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитхэ! Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и куэбжэр цӀыхухэм я пащхьэм щывгъэбыдэ. Фэ езыхэри а тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэркъым, щӀыхьэну хуейхэри хуит фщӀыркъым.
Уэ къызжепӀэнкӀэ хъунущ абы щыгъуэ: «Апхуэдэу щытмэ, Тхьэм цӀыхухэр сыт щӀигъэкъуаншэр? Тхьэм жиӀам пэувын хэт зылъэкӀынур?»
Тепщэныгъэ зиӀэхэм яхуэӀурыщӀэу щрет хэти. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм имыухамэ, зыми тепщэныгъэ иӀэ хъунукъым. Тепщэныгъэ зиӀэу щыӀэхэр зыгъэувар Тхьэрщ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фӀыгъуэ зыщӀэхэр тепщэныгъэ зиӀэхэм ящышынэнкъым, бзаджагъэ зыщӀэхэрщ абыхэм ящышынэн хуейр. Тепщэныгъэ зиӀэхэм уащымышынэну ухуей? ФӀыгъуэ лэжь, ахэр къыпщытхъужынущ.