Biblia Todo Logo
အွန်လိုင်း သမ္မာကျမ်းစာ

- ကြော်ငြာတွေ -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 13:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Жэщыр хэкӀуэтащ, махуэр къэблэгъащ. КӀыфӀыгъэм и Ӏуэху бзаджэхэр лъэныкъуэ едвгъэгъэз, нэхум и Ӏэщэхэр къэдвгъащтэ.

အခန်းကိုကြည့်ပါ။ ကော်ပီ




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 13:12
30 ပူးပေါင်းရင်းမြစ်များ  

ПщӀэ зимыӀэ кӀыфӀым и Ӏуэхухэм фи Ӏуэхур хэвмылъхьэ, атӀэ а Ӏуэхухэр зыхуэдэр къыщӀэвгъэщ.


щыпкъагъэр зэрыжытӀэмкӀи, Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэмкӀи, Ӏэ ижьми Ӏэ сэмэгуми ярылъ пэжыгъэм и ӀэщэхэмкӀи;


Аращи, гу фӀеигъэу къыфхэна псори, бзаджагъэ псори зыхэвн. Тхьэм фигухэм кърилъхьа псалъэу фи псэхэр мыкӀуэду къезыгъэлын зылъэкӀынухэр гу щабагъэкӀэ фубыд.


Фи псэукӀэжьым щыщу фи щэныжь бзаджэр зыхэвнын зэрыхуейр фагъэщӀащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи щэныжь бзаджэм и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэу фыкъэзыгъапцӀэхэмкӀэ фигъэунэхъуну хэтащ.


Ауэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь фи фащэ ирехъу, фи гуэныхьыщӀэ щэныжьым и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэми фахуэмыӀурыщӀэ.


– Тхьэм деж къикӀауэ, мы тхылъым ит псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуам мыхъур ятумыдзэ, – къыпищащ абы, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пӀалъэр къэблэгъащ.


Аращи, бзаджагъэ псори, хьилагъэ псори, бзитӀщхьитӀыгъэри, фыгъуэныгъэри, цӀыхухэм ӀейкӀэ фытепсэлъыхьынри зыхэвн.


Къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм ятеухуауэ Тхьэм деж къикӀа мы псалъэхэм еджэр гъуэгу махуэ теуващ. Мы псалъэхэр зэхэзыхыу, зыгъэзащӀэхэри гъуэгу махуэ теуващ, мы Ӏуэхугъуэхэр къыщыхъуну зэманыр къэблэгъащи.


Си къуэшхэ, зи гугъу фхуэсщӀыр мыращ: Къэнэжа зэманыр мащӀэщ. Зэманыр мащӀэщи, иджы щыщӀэдзауэ, фыз зиӀэхэр фыз зимыӀэхэм хуэдэ ирехъу;


Мы Ӏуэхухэр абыхэм къащыщӀащ, цӀыхухэм дерс яхуэхъун щхьэкӀэ. Дэ, лӀэщӀыгъуэхэм я кӀэухым нэблэгъа цӀыхухэм, къыдгурагъэӀуэн щхьэкӀэ, мы Ӏуэхухэр ятхащ.


Ӏэщэу дызэрызауэр мы дунейм и Ӏэщэкъым, бзаджагъэм и быдапӀэхэр зэхакъутэну Тхьэм къыбгъэдэкӀ къару яхэлъщ а Ӏэщэхэм. Гупсысэ пхэнжхэри,


Зэгуэрым фэ кӀыфӀыгъэм фыхуэдащ, ауэ иджы Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ нэху фыхъуащ. Нэхум и бынхэр псэун зэрыхуейм хуэдэу фыпсэу,


ЦӀыху гуэрхэм зэрахабзэм хуэдэу, дызэӀущӀэныр зыхэдывмыгъанэ, атӀэ дызэрывгъэгъэгушхуэ. Зиусхьэным и махуэр нэхъ къэблэгъауэ зэрыфлъагъум щхьэкӀэ нэхъри фызэрыгъэгушхуэн хуейщ.


Аращи, апхуэдэ щыхьэт гупышхуэ дяпэ иту зэрыдиӀэм щхьэкӀэ, дэтхэнэ хьэлъэу ттелъымрэ гуэныхьу дызэщӀэзубыдэмрэ зытедвгъэдзи, теубыдагъэ диӀэу, зэдэжэныгъэу къытпэщылъыр къэдвгъэж.


Апхуэдэу, фэри шыӀэныгъэ зивгъэӀэ, фигу вгъэбыдэ Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэр къэблэгъащи.


Ауэ щыӀэ псоми я кӀэухыр къэблэгъащ. Аращи, Тхьэм фелъэӀуфын щхьэкӀэ, зэхэщӀыкӀи зышыӀэныгъи зивгъэӀэ.


ЦӀыху гуэрхэм къазэрыщыхъум хуэдэу, Зиусхьэным цӀыхухэр къызэригъэгугъар игъэзэщӀэныр хигъэтӀэсэнукъым. Тхьэм шыӀэныгъэ къыфхуиӀэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зы цӀыхуи кӀуэдыну хуэмейуэ, цӀыху псори я гуэныхьхэм хущӀегъуэжыну хуейщ ар.


Псори апхуэдэу зэрыкӀуэдыжынум щхьэкӀэ, Тхьэм и махуэм фыпэплъэу, а махуэр нэхъ псынщӀэу къызэрысыным и ужь фиту, фигу къабзэу Тхьэм фыфӀэлӀыкӀыу фыпсэун хуейщ. А махуэр къыщыскӀэ, уафэхэр мафӀэкӀэ кӀуэдыжынущ. Дунейр къызыхэщӀыкӀахэр мафӀэ гуащӀэм игъэткӀунущ.


Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, мыр иужьрей дыдэ зэманщ. Антихрист къэкӀуэну зэрызэхэфхам хуэдэу, Антихрист куэд къэкӀуащ иджы. Апхуэдэу, и ужь дыдэ зэманыр къызэрысар дощӀэ.


ကြှနျုပျတို့နောကျလိုကျပါ:

ကြော်ငြာတွေ


ကြော်ငြာတွေ