9 Фи фӀылъагъуныгъэр пэж ирехъу. Бзаджагъэм пэӀэщӀэ зыфщӀ, фӀыгъуэм и ужь фит.
Си ныбжьэгъу, си къуэш сахуэщыгъуэ хуэдэу, садызекӀуащ; си анэ щхьэкӀэ сыщыгъуэ хуэдэу, сыкъекӀуэкӀащ, си щхьэ ухуауэ, сынэщхъейуэ сахэтащ.
Псом япэрауэ фи фӀэщу фӀыуэ фызэрылъагъу, фӀылъагъуныгъэм гуэныхь куэд егъэгъури.
Мы унафэр щӀэтщӀыр мыращ: Гу къабзэу мыхъумыщӀагъэу зыри зыдэзымыщӀэжымрэ фӀэщхъуныгъэ щыпкъэмрэ къарыкӀ фӀылъагъуныгъэр диӀэ хъун щхьэкӀэщ.
Щыпкъагъэм фызэредэӀуам щхьэкӀэ фи гур къабзэ хъуащ. Фи къуэшхэр, пцӀы хэмылъу, фӀыуэ фолъагъу. Гу къабзагъэкӀэ фӀыуэ фызэрылъагъу зэпыт,
Ӏуэху псоми я щыпкъагъэр вгъэунэху, фӀым фытет.
Гузэвэгъуэ махуэм сщумыгъэпщкӀу уи нэгу! Уи тхьэкӀумэ къысхуэгъазэ, сыныщоджэ махуэм псынщӀэу сызэхэх.
ЦӀыху псоми фазэрыгурыӀуэнми гукъабзагъэри зэрывиӀэнми фыхущӀэкъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гукъабзагъэ имыӀэмэ, зыми Зиусхьэныр илъагъунукъым.
Мыр унафэу ныфхуэсщӀыркъым, ауэ нэгъуэщӀхэм яӀэ егугъуныгъэшхуэм хуэзгъадэурэ, фэ фиӀэ фӀылъагъуныгъэм и щыпкъагъэр згъэунэхуну сыхуейщ.
Зыгуэрым и бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ премыувыж хэти. Ауэ фэ фӀы зэрызэхуэфщӀэным фыхущӀэкъу, цӀыху псоми фӀы зэрахуэфщӀэнми сыт щыгъуи и ужь фит.
гукъабзагъэкӀи, щӀэныгъэкӀи, шыӀэныгъэкӀи, фӀыгъуэкӀи; Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр ди псэм зэрыщыщымкӀи, пцӀы зыхэмылъ фӀылъагъуныгъэкӀи Тхьэм дызэрыхуэлажьэр догъэлъагъуэ;
Щыпкъагъэр фӀыуэ уолъагъу, бзаджагъэр плъагъу хъуркъым. Абы щхьэкӀэ Тхьэуэ уи Тхьэм уи гъусэхэм нэхърэ гуфӀэгъуэм и дагъэр уэ нэхъ къыпщихуащ».
ГуфӀэгъуэ хэгъуатэ Зиусхьэным – уигу фӀэигъуэр Абы къыпхуищӀэнущ.
ХъыбарыфӀыр фи фӀэщ хъуну дыныщӀывэлъэӀур Тхьэм ар цӀыхухэм яхуэтӀуэтэну дэ ди пщэм къызэрыдилъхьар арщ. Дыгъуэщауэ дыщыткъым, дигури мыкъабзэу щыткъым, фыдгъэпцӀэнуи дыхэткъым.
Варнавэ Антиохием кӀуэри, Тхьэм и нэфӀыр абыхэм къазэрыщыхуэр щилъагъум, гуфӀащ, емыщу Зиусхьэным гурэ псэкӀэ хуэпэжыну яхуигъэуващ.
Иудэ ар щӀыжиӀар тхьэмыщкӀэхэм гущӀэгъу яхуищӀу артэкъым, атӀэ езыр дыгъуакӀуэти, арт. Абы ахъщащхьэр иӀыгъти, абы иралъхьа ахъшэм хэдыгъухьырт.
ЦӀыху лъэпкъхэр зэрызехьэ хъуащ; пащтыхьыгъуэхэр зэщӀохъае. Псом я Нэхъ Лъагэм и макъ къэӀуащ, щӀыгур мэткӀу.
Иудэ зэрынэсу, бгъэдыхьэри: – ФӀэхъус апщи, Равви,* – жиӀэри, Хьисэ ба хуищӀащ.
Ауэ уафэм къикӀ акъылыфӀагъэр, япэрауэ къабзэщ, итӀанэ зэкӀужыныгъэ хэлъщ, гущабэщ, ӀурыщӀэщ, гущӀэгъу хэлъ зэпытщ, фӀы ищӀэ зэпытщ, захуэщ, гъэпцӀагъи хэлъкъым.